Хэкум и ехъулIэныгъэр игъэнэхъапэу

«КъытщIэхъуэ щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ тэмэм егъэгъуэтынымкIэ къалэнышхуэ ди пщэ къыдохуэ нэхъыжьхэм. Щалъхуа щIыналъэр яцIыхуу, абы и тхыдэм щыгъуазэрэ къызыхэкIа лъэпкъ лъакъуэри ящIэжу ныбжьыщIэхэр къэхъун папщIэ, дэ абыхэм щIэину къахуэдгъэнэн хуейщ ди гупсысэхэр, IуэхущIафэхэр, ди адэжьхэм псэукIэу, дуней еплъыкIэрэ тетыкIэу яIахэм ятеухуауэ дызыщыгъуазэхэм зэрыхъукIэ щэдгъэдэIун хуейщ», - апхуэдэу къелъытэ ди газетым и ныбжьэгъу пэж, егъэджэныгъэм и ветеран ЛIУП Нурхьэлий. Нобэ нэхъыжьыфIым дыщегъэгъуазэ ди Хэкум и ехъулIэныгъэр игъэнэхъапэу, ди къэралыгъуэр ухуэным зи гуащIэ куэд езыхьэлIауэ щыта я унэкъуэщ ЛIуп Жанхъуэт Ибрахьим и къуэм и гъащIэм. 

«Жанхъуэт и адэ Ибрахьимрэ сэ си адэшхуэ Индрисрэ зы адэ-анэм къалъхуауэ зэкъуэшитIщ. Зэшхэр пхъэм хуабжьу хуэIэкIуэлъакIуэт: нэхъыжь Индрис и IэкIэ ищIа псы щхьэлышхуэ дэтащ ар къыщалъхуа Щхьэлыкъуи, иужькIэ и унагъуэр и гъусэу зыдэIэпхъуа Джэрмэншыки. Щхьэлыкъуэ къыдэна шынэхъыщIэ Ибрахьими пхъащIэ Iэзэт. Абы ищI стIолхэр, шэтхэр, шкафхэр, пхъэ гъуэлъыпIэхэр адрейхэм къахэщырт я фIагъкIи теплъэкIи. Ибрахьим хуабжьу фIэфIт и Iэдакъэ къыщIэкI унэлъащIэхэм лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр трищIыхьын, къыхибзыкIын. ГуащIэдэкIым щIапIыкI щIэблэм къащIэхъуари езыхэм яхуэдэу лэжьакIуэшхуэхэт. 
Ибрахьимрэ и щхьэгъусэ КъанцIыкIурэ (ар ПщыцIыкIухэ япхъут) щIалитхурэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ. Жэпуэгъуэ революцэ иныр текIуэу, совет властыр ди щIыналъэм щагъэува нэужь, унагъуэшхуэм и нэхъыжьхэм гурэ псэкIэ къащтащ псэукIэщIэр икIи абы и телъхьэу бынри яущиящ.
 Зэрыбынийм я нэхъыщIэ дыдэт Жанхъуэт. Ар 1900 гъэм Щхьэлыкъуэ къыщалъхуащ. ЦIыху пэжу, жыджэру къэхъу щIалэщIэм и ныбжьыр илъэс 24-рэ хъуами арат, коммунистическэ партым щыхыхьам щыгъуэ. Жанхъуэт лыгъэ зэрихьэухэтащ граждан зауэм, апхуэдэуи лъэкI къигъэнакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым социализмыр щыухуэнымкIэ. 
1917 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Жанхъуэт дзэм хыхьащ Георгиевск къалэм щыIа I-нэ коммунист ротэм и зауэлIу. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абы къулыкъу щищIащ Псыхуабэ, иужькIэ хэтащ Шкуро зи пашэ щIэпхъэджащIэ гупыр Минводы щызэтезыукIахэм. Адыгэ щIалэр лIыгъэ зэрихьэу япэщIэтащ Деникин и дзэхэми. Абыщыгъуэ ар шууей эскадроными унафэщI хъуакIэт. Бгырыс хахуэм Граждан зауэм щызэрихьа лIыгъэхэр абдеж къыщыувыIакъым. Коммунист пашэр щызэуащ Шэшэн-Ингуш щIыналъэм, щытащ шууей тIасхъэщIэх гупым я унафэщIу. 
Дэфтэр хъумапIэм щIэлъ тхылъхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зауэ нэужь лъэхъэнэми Жанхъуэт жыдджэру яхэтащ социализмыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызыухуахэми. ЯпэщIыкIэ ар щытащ Налшык гарнизоным и унафэщIым и къуэдзэу, щIэпхъаджыщIэ гупхэм япэщIэт гуп хэхам и пашэу. ИужькIэ ар лэжьащ щалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм и советым и тхьэмадэу, Налшык окружной исполкомым и унафэщIу. 1924 гъэм ЛIупыр ираджащ Къэрал политикэ упрвленэ зэгуэтхэм (ОГПУ) и органхэм икIи Къбэрдей-Балъкъэрым и окружной оперуполномоченнэу, тезырхэр щрахьэкI унэм и унафэщIу илъэси 6-кIэ лэжьащ, ди щIыналъэм жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэр щызэтеIыгъэным, псэукIэ хабзэщIэхэр щыгъэбыдэным, ахэр къызэпемыгъэудыным зэфIэкIышхуэ ирихьэлIэу. 
Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри дагъуэншэу зэфIэхыным хущIэкъуу, зыпэрыт лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу дапщэщи щытащ ЛIуп Жанхъуэт. Акъыл куурэ гупсысэ шэщIарэ зиIэ адыгэлIым Налшык и зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм хуэгъэпса IуэхугъуэфIхэр зэфIигъэкIащ къалащхьэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и тхьэмадэу щыщыта илъэсхэми. А унафэщI щыпкъэм а лъэхъэнэм Iуэху зехьэкIэу иIам теухуа хъыбар Щхьэлыкъуэ сыщрихьэлIат, ЛIупхэ я малъхъэу щыта Къардэн Хьэсэн мыгъуэм и дыуэщIым сыдэту. Ар къытхуиIуэтэжат Жанхъуэт и дэIэпыкъуэгъуу а зэманым лэжьа Къардэн ТIэмашэ. 
- Партым и обкомымрэ къалэ исполкомымрэ Къэбэрдей уэрамым тет унэшхуэм щIэст абы щыгъуэ. Къалащхьэм и зыужьыныгъэм къаруушхуэ ирихьэлIэу лажьэрт Жанхъуэт. Сэ си нэгу щIэкIырт а Iуэхум теухуауэ абы зэфIих лэжьыгъэ псори, - игу къегъэкIыж ТIэмашэ. – Зэгуэрым ЛIупым мурад ищIащ къалэм дэс щIалэгъуалэр топ щыджэгу хъуну губгъуэшхуэ Налшык дищIыхьыну. Абы хухиха щIыпIэр зыхуэзэр иджыпсту Лениным и фэеплъыр зыдэщытым дежт. А зэманым ар банэрэ къуацэкIэ зэщIэкIэжауэ апхуэдэти, щIыпIэр игъэкъэбзэн папщIэ щэбэт щIыхьэхушхуэ къызэригъэпэщат. Къалэдэс щIалэгъуалэм нэмыщI, абы къекIуэлIат Вольнэ Аул, Кэнжэ, Щхьэлыкъуэ жылэхэм дэсхэри, джыдэрэ пхъэхрэ я Iэдэжу. ПхъанкIийр зэрыIуашын машинэхэри мащIэтэкъым. Жы махуэм и кIуэцIкIэ щIыпIэр ягъэкъэбзащ, къыумыцIыхужыным хуэдэу. 
Къардэным зэрыжиIэжымкIэ, махуэ зытIу нэхъ дэмыкIыу а IэгъуэблагъэмкIэ кIуэн хуей хъуащ партым и обкомым и япэ секретарь Къалмыкъ БетIал. Езым и унафэ хэмылъу щIыпIэр апхуэдэу зыщIар хэтми щыщIэупщIэм, къыжраIащ ар къалэ исполкомым и унафэщI ЛIупыр зэрыарар. АфIэкI Iуэхум хэмылъу Къалмыкъым ЛIупыр къулыкъум IуигъэкIащ икIи а лъэхъэнэм нэхъ м гугъу дыдэу ялъытэу щыта транспорт IэнатIэм игъэкIуащ. Апхуэдэу 1934 гъэм Жанхъуэт хъуащ гъуэгу транспортымкIэ щIыналъэ IэнатIэм и унафэщI. 
Дапщэщи хуэдэу, а пщэрылъ къалэныщIэми ехъулIэныгъэ иIэу пэлъэщащ ЛIупыр. Зи Iуэхухэр зэкIэлъымыкуIэу ялъытэу щыта IэнатIэр зэман кIэщIым нэхъыфIхэм харигъэбжащ. 
Илъэс 37-рэщ зэрыпсэуар революционер хахуэр, псэукIэщIэм и телъхьэ цIыху пэжыр, ауэ абы хузэфIэкIащ и хэкум и ехъулIэныгъэ къызэрыкI IуэхугъуэфI куэд зэфIихын. Нэхъыбэжи зыхузэфIэкIыну адыгэлIыр ищIэну псоми хунигъэсакъым зэман бзаджэмрэ унафэщI ерумрэ. Политикэ залымыгъэ щызэрахьэ лъэхъэнэ хьэлъэм ихьахэм ящыщщ ар. ЛIуп Жанхъуэт Ибрахьим и къуэм хуэдэхэм я гъащIэр щапхъэщ къытщIэхъуэ щIэблэмкIэ. Апхуэдэхэм я цIэхэр ящремыгъупщэ ахэр къызыхэкIа лъэпкъми».
 

 

Зытхыжар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
Поделиться: