«Мэуэт хыжьей»

Мы тхыгъэ цIыкIум зи гугъу щытщIыну псы хъурейм хуэгъэзауэ пасэрей алыджхэм «Меотидэ» е «Мэуэт хыжьей», урысхэм «Сурож тенджыз» жаIэрт. Адыгэхэр абы зэреджэу щыта «Азыкъ» псалъэр зыхуэкIуэжыр, зэрынэрылъагъущи, мы зэманым «Азов» зыхужаIэрщ.
 «Меотидэ» псалъэр зэман жыжьэм къыщежьащ. Языныкъуэхэм ар Азов хы цIыкIум къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къегъэщIылIа щIыналъэм тепсэукIыу щыта «мэуэт» лъэпкъым и цIэм ирапх. Пасэрей адыгэхэр Тэн зыхэлъэдэж псы хъурейм «МыутхъухкIэ» («Къэмыутхъуэ хыкIэ») еджэрт. «Мэуэт» лъэпкъыцIэр къызытехъукIар арауэ жызыIи яхэтщ щIэныгъэлIхэм.
Азов хы цIыкIум и щхьэфэм километр зэбгъузэнатIэу мин 37,6-рэ къызэщIеубыдэ. Абы и нэхъ кууупIэ дыдэр мы зэманым зэрыхъур метр 13,5-щ. XIX лIэщIыгъуэм икухэм ар метр I6-м нэблагъэу щытащ. КIуэтэху къэси Азыкъ (Азов тенджызыр) нэхъри нэхъ чэнж зыщIу «зытралъхьэр» адэкIэ-мыдэкIэ абы къыхэлъадэ псы къуэпсхэм къыхахьэ утхъуахуэхэрщ.
 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ
25.04.2024 - 16:00 ЩIэщхъуитI