Сабийхэм я нэкIэ

КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ министерствэм шыщхьэуIум и 26-м щагъэнэIуащ «Лэжьыгъэр хъумэныр - сабийхэм я нэкIэ – 2021» фIэщыгъэм щIэт хэгъэгу зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. 

Ар хуэгъэпсат КъБР-м и Къэралыгъуэм, ЩIэныгъэм я махуэхэм.
Зэпеуэм лэжьыгъи 129-рэ къагъэхьати, ахэр Интернетым къралъхьэри, мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ шыщхьэуIум и 20 пщIондэ онлайн жыпхъэм иту нэхъыфIыр IэIэткIэ къыхахащ. Абы хэтахэр, я ныбжь елъытауэ, щыуэ зэщхьэщыхауэ щытащ: илъэси 3-6, 7-12, 13-18.
Пашэныгъэ зыубыда ныбжьыщIэ цIыкIухэм щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иджыблагъэ яритыжащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим. Ар ныбжьыщIэ цIыкIухэм ехъуэхъури, я зэфIэкI дяпэкIи зрагъэужьыну къыхуриджащ. 
 Къыхэгъэщыпхъэщ хэгъэгу зэпеуэм щытекIуахэм я IэдакъэщIэкI лэжьыгъэхэр фокIадэм и 1 пщIондэ федеральнэ зэпеуэм хагъэтыну зэрагъэхьынур.
ТекIуахэм дохъуэхъу, я ехъулIэныгъэщIэхэм дыпоплъэ!
 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: