Сэ адыгэу сыкъалъхуащ

Адыгэм и тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ гуузхэм ижь зыщIихуахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэхуэхьэсыжыным, гъэзэщIэным куэд щIауэ дихьэх, хэкурысхэми хамэ щIыпIэ щыпсэухэми фIы дыдэу яцIыху, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Догъэн. 

Догъэн адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщщ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Ар къыщалъхуауэ щыпсэу Тыркумрэ и хэкужьыр здэщыIэ Урысеймрэ ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ сыт хуэдэ Iуэху къыщаIэтми жыджэру холэжьыхь, блэкIам хуищI пщIэмрэ къэкIуэнум зэрыпежьэфымрэ я нэщэнэщ и Iуэху дахэ зэтриублауэ Истамбыл къалэкум зэрыщылажьэр. И адэжьхэм къащIэна хьэпшыпхэмкIэ, адыгэм ехьэлIауэ къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым щызыIэригъэхьа дэфтэр, дамыгъэ, сурэт лъапIэхэмкIэ узэда пэшым нобэрей махуэм зэрыдекIун, и щхьэ зэригъэпсэужын IуэхущIафэр щызэрехьэ. Адыгэгу зыкIуэцIылъыр дэни щыадыгэщ. Километр минищэкIэ зыпэжыжьэ, пкъыр адэ щыIэми псэр куэдрэ щыхьэщIэ адэжь щIыналъэм зэрыпыщIар къегъэлъагъуэ лэжьапIэ пэшым щIэлъ дэтхэнэ хьэпшыпми. 
«Мыбыхэм ящыщ куэд ди нэхъыжьхэм ейуэ къысхуэнащ, иныкъуэхэри сэ къэсщэхуауэ аращ, - жеIэ Догъэн. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, илъэс блэкIахэм куэд дыдэ тфIэкIуэдащ, пщIэ хуамыщIу е и мыхьэнэр къагурымыIуэурэ ди къуэшхэм куэд зыIэщIагъэкIащ. Сэшхуэ, къамэ, джатэ, Iэщэ-фащэ хъуми, ахэр иужькIэ зэрызмыгъуэтыжынур сщIэуэ, университетым сыщыщIэс зэман лъандэрэ къызощэху, зэхузохьэс». 
Догъэн и псэ емыблэжу холэжьыхь хасэ Iуэхум, сыт щыгъуи зиужь итыр хэхэсу псэу ди лъэпкъэгъухэм я натIэ хъуа хьэзабыр ящыгъэпсынщIэнырщ. 
- Иджыпсту ди Iуэхур хъарзынэу зэрыдэкIым и зы нэщэнэу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ хэкум худиIэ пыщIэныгъэр нэхъыфI зэрыхъуар. Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм абыкIэ лъэкI къигъанэркъым. Адыгэм адыгэпсэ Iуту иджыри тIэкIу дыкъызэтенамэ, зи фIыщIэр ди хасэ цIыкIухэращ. Адыгэбзэ зымыщIэ сабийхэм зэрырагъэщIэну тхылъхэр къигъуэту, школхэм класс щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщыну пхигъэкIыу апхуэдэщ, - жеIэ Къущхьэм. Апхуэдэуи и гуныкъуэгъуэр зыхуэдэм дыщегъэгъуазэ. - Пэжым ухуеймэ, бзэр, хабзэр хъумэжыным ехьэлIауэ ди Iуэхур хуабжьу гузэвэгъуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хэхэсыр хэхэсщ, абы хуащI гулъытэри, иIэ зэфIэкIри куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Иужьрей илъэсхэм ди лъэр нэхъ тIасхъэ зыщIыр адыгэхэр гъунэгъуу дызэрызэхэмысыжырщ. Адыгэ нэхъыбэ дыдэ щыпсэур Къайсэрщи, Тыркум исым и проценти 5 дыхъуркъым, Истамбыл дэсыр проценти 2 къудейщ. Апхуэдэу къэрал псом уипхъауэ уису, уи бзэр пхъумэжыныр хуабжьу гугъущ, дэр-дэру ар тхузэфIэкIынукъым, абы щхьэкIэ Тырку къэралыгъуэми, хэкуми зыкъытщIагъэкъуэн хуейщ. 
КъэкIуэнум дахэу пежьэфыр, мурад хэхахэр хузиIэращ гъащIэм нэхъыфIу хэзагъэр. Хэхэс адыгэхэм я гум жьы дригъэхуу, хэкурысхэри я фIэфIу едаIуэу уэрэд дахэ куэд егъэзащIэ Догъэн. ХамэщIым уису, уи гур узу лъэпкъыр щыпфIэкIуэдым и деж, уи Iэр къызыпекIуэкI псоми ухэIэбэн хуей мэхъу, зыгуэркIэ сэбэп ухъун щхьэкIэ. Хабзэр, бзэр, макъамэхэр кIуэ пэтми, нэхъ мащIэ хъурт, пшахъуэщIым икIуадэрти, апхуэдэ щытыкIэм сэбэп хуэхъун мурадкIэ, уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр лIыжь-фызыжьхэм жаригъэIэурэ зэхуихьэсу щIидзащ. Ауэрэ щIалэ гуп щызэхуэсахэм деж а хъыбарыжьхэр яжриIэм, дзапэ уэрэд иригъэдаIуэурэ Iуэхум дихьэха хъуащ. 
Догъэн макъамэу миным щIигъу, абы щыщу 300-р уэрэду зэхуихьэсыжащ, иригъэтхащ, CD-дискыу тIу къыдигъэкIащ. Иджы ещанэр игъэхьэзырыну и мурадщ, абы хэтынущ зыми ямыщIэж уэрэдыжь дыдэхэр, адыгэм и тхыдэм щыщ пычыгъуэхэр, ИстамбылакIуэр, пасэрей зауэжьхэр къызыхэщыж уэрэдхэр. 

Тхыгъэри сурэтхэри зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: