КъБР-м щыIэ МВД-м къет

Къэралым къыщалъыхъуэрт

Урысей МВД-м и Упрвленэу Налшык къалэ щыIэм и лэжьакIуэхэм 2021 гъэм шыщхьэуIум и 17-м яубыдащ къэралым къыщалъыхъуэ, Дзэлыкъуэ районым щыпсэу, илъэс 35-рэ зи ныбжь цIыхухъур, дыгъуауэ шэч зыхуащIыр.
Ар къэзылъыхъуэм хъыбар ирагъэщIащ

ИлэжьамкIэ зиумысыжащ

Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэ щыIэм зыхуигъэзащ илъэс 40 хъу налшыкдэсым. Абы зэрыжиIамкIэ, Руслан зи цIэ щIалэм удзыр хупиупщIыну къриухылIэри гъэпцIагъэкIэ сом 8000 IэщIигъэкIащ. Ахъшэр зэрыIэрыхьэу бзаджащIэм зыкъригъэгъуэтыжакъым. 
Къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым яубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 31-рэ зи ныбжь, Белая Речкэ щыпсэу цIыхухъур. Абы илэжьамкIэ зиумысыжащ.
Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэ щыIэм СледствиемкIэ и къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.
Шэч зыхуащIым щIыпIэр имыбгынэну хуагъэуващ. 

АфиянхэкI зэхьэлIапIэ ящIат

Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ куейм щиIэ къудамэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэмрэ я лэжьакIуэхэм, абыкIэ хуитыныгъэ яIэу, 2021 шыщхьэуIум и 12-м щIащыкIащ нэхъапэм суд зытращIыхьауэ щыта, илъэс 55-рэ зи ныбжь тырныауздэм цIыхубзым и унэр. 
Къэпщытэныгъэр щрагъэкIуэкIым абы и фэтэрым щIэст нэхъапэми суд зытращIыхьа, щIыпIэм щыпсэу цIыхуитI, илъэс 62-рэ, 47-рэ зи ныбжьхэр. 
ХьэщIэхэм язым жиIащ бысымым и деж хьэщIапIэ къызэрыкIуэр наркотикхэкI зрихьэлIэну. 
Полицейхэм фэтэрым къыщагъуэтри къытрахащ бжьыгъэ фIыцIафэ-гъуэжьыфэ зиIэ гъущI тепщэчрэ лъы лъэужь къызэрына шприцитIрэ. 
 Полицэм и лэжьакIуэхэм яубзыхуащ фэтэрыр зейм и унэр Тэрч районым щыщ, илъэс 59-рэ хъу цIыхубзми ар хуит зэрыхуищIар афиянхэкI щызрихьэлIэн папщIэ. 
Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ куейм щиIэ къудамэм шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 232-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ. 

 Сом 140000-рэ хэщIыныгъэ

 Урысей МВД-м Тэрч щIыналъэм щиIэ къудамэм и плъыр частым 2021 гъэм шыщхьэуIум и 13-м звхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 33-рэ зи ныбжьым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, ар тхьэмахуэкIэ къалэм щымыIауэ къэкIуэжри, къихутащ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щекIуэкI абы и павильоным кубометри 8-м нэблагъэ пхъэхэкI зэрыщIадыгъукIар. Абы хэщIатсом 140000-рэ.
Къэлъыхъуэныгъэ, къэпщытэныгъэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым Урысей МВД-м Тэрч щIыналъэм щиIэ къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэмрэ полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ шэч зыхуащIыр яубзыхуащ. Абы илъэс 19 и ныбжьщ, Тэрч районым щопсэу. ЩIалэм илэжьамкIэ зиумысыжащ, жиIащ пхъэхэкIхэр ищэну зэрыхуеяр. Идыгъуар къыIахыжащ. 
Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. 

 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться: