Псоми ди зэхуэдэ къалэнщ

Иужьрей илъэсхэм щIэныгъэлIхэр топсэлъыхь Кавказ Ищхъэрэм и псы хущхъуэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. Псом ящхьэр псым хэлъ хущхъуэгъуэхэр хъумэнырщ.

«Кавминкурортресурс»-м мы Iуэхум и нэIэ тримыгъэту пхужыIэнукъым. Иужьрей илъэситху-хым къриубыдэу мыхэр пщIэнейрэ къапщытащи, ныкъусаныгъэ лъэпкъ я лъэжьыгъэм хэлъу къагъуэтакъым: псы хущхъуэ къыщIэшыпIэхэр зыхуей хуозэ, къабзагъэ мардэхэм лъэныкъуэ псомкIи тетщ, жьы хъуа бжьамийхэр и чэзум зэрахъуэкI, химие, биологие, радиологие я лъэныкъуэкIэ къэпщытэныгъэу мин 20-м нэс зы илъэсым хуэзэу ящI. АрщхьэкIэ цIыху нэхъыбэ здэкIуэ Нартсанэрэ Псыхуабэрэ щымащIэкъым, зи щытыкIэм жыжьэуи арэзы укъимыщI псы къыщIэжыпIэхэр.
Къапщтэмэ, Нартсанэм и псым хэлъ хущхъуэгъуэхэм я процент 90-р «Нарзан» псы къыщIэжыпIэм къыхэкIыу къыIэрохьэ. «Псынэр» зэрычэнжым къыхэкIыу щIэх-щIэхыурэ фIей мэхъу, уз зэрыцIалэхэр къэзыгъэхъей бактерийхэр къыщыхыхьи куэдрэ къэхъуу. Ар нобэ-ныжэбэ къежьа Iуэхукъым. 1936 гъэм япэ дыдэу абы гу лъатауэ щытащ Совет Союзым и минерологхэмрэ гидрогеологхэмрэ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а лъэхъэнэм щегъэжьауэ «Нарзан» псым и щытыкIэр екIакIуэ зэпыту макIуэ. Ар къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ Нартсанэ и Iэгъуэблагъэхэр цIыхухэм псэупIэ зэращIар, канализацэ хуэIухуэщIэхэр щIыпIэ куэдым зэрыщызэфIэмыхьэр, цIыхухэмкIэ зэран «инертнэ» пкъыгъуэхэр къыщыщIахыу Ясная Полянэ жылагъуэм щыIэ карьерыр, псыпэр къыщежьэ бгылъэ щIыпIэм Къэрэшей-Шэрджэсым щиухуауэ фэм щелэжь цех иныр, нэгъуэщIхэри, - зыжьэу жаIэ геолого-минералогие щIэныгъэхэм я кандидат Бондаревэ Галинэрэ гидрогеолог цIэрыIуэ Супруненкэ Владимиррэ.
Псыхуабэ и «Радиоштольня-2» -мрэ «Нарзанымрэ» нобэ нэхъыбэу къызэрагъэсэбэпыр псыхущхъуэ ятIэущ ваннэущ, ари фIыуэ ягъэкъэбза нэужь. Мы псы къыщIэжыпIэр зэрымыкъабзэжыр 1938 гъэм екIуэкIа къэрал къэпщытэныгъэхэм япэу къыщыхэщащ.
Апхуэдэ щапхъэхэр мащIэкъым: I988 гъэм псым къыхагъуэта уз зехьэ бактериехэм я зэранкIэ зэхуащIын хуей хъуауэ щытащ «Ессентуки- 20», «Гаазо-Пономаревский №505», «Теплосерный» 1-нэмр 3-нэмрэ», «Академическая» псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр. Псом нэхърэ нэхъ уегъэпIетей адрейхэми а ухыгъэ дыдэр къапэплъэнкIэ зэрыхъунум. Сыту жыпIэмэ, кIуэ пэтми зызыубгъу курорт къалэхэр псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэм тетщ.
Къэралыр лъэлъэжын ипэкIэ а Iуэхум унафэ пыухыкIа тращIыхьауэ щытащ,щIыуэпсым и къабзагъэр щахъумэ щIыпIэхэу 1-нэмрэ 2-нэмрэ псори зэхэту унагъуэ минихым нэс къигъэIэпхъукIауэ, псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр зыризэран хуэмыхъу щытын хуейуэ. Пыплъхьэн щымыIэу унафэ тэрэзт…
«Кавказым и псы хущхъуэхэр псэуныгъэ IуэхукIэ цIыхум къемыгъэгъэсэбэпыным, куэд- мащIэми зы ухуэныгъи щрамыгъэкIуэкIыным теухуа унафэ Урысейм и Правительствэм 1992 гъэм къищтащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ РФ-м и Кавказ Ищхъэрэм и псы хущхъуэхэр ткIийуэ яхъумэн хуей эколого-курорт щIыпIэу зэрыщытыр. А унафэм ехьэлIа къалэнхэр пщэрылъ щащIат, Ставрополь щIыналъэм и мызакъуэу, Кавминводым и бгылъэхэм къыщыщIэж псы хущхъуэхэр зи къуршхэм къыщежьэ Къэбэрдей - Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ.
Урысейм и гидрогеологхэм къызэралъытэмкIэ, псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр турист кIуапIэу е зыгъэпсэхупIэу щытыныр къезэгъыркъым, къэралым и нэIэм щIэмытмэ, хъумаи хъунукъым. Абыхэм яхухэхын хуейщ цIыху Iув здемыкIуалIэ щIыпIэ IэнэщIрэ,»псынэ» кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум къыхэкIыу, щIышхуэрэ. Абы и пIэкIэ нобэ гу зылъыптэр нэгъуэщIщ: псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэм екIуалIэу щыта лъэс лъагъуэ цIыкIухэм я пIэм гъуэгу бгъуфIэхэр къоувэ, я хъуреягъым шхапIэхэр къыщызэIуах. Апхуэдэу Iуэхур екIуэкIмэ, псыхэм хущхъуэгъуэр зэрафIэкIуэдынур щIэныгъэлIхэм ябзыщIыркъым. Ахэр хъумэным теухуауэ ди республикэм илъэс къэс щрагъэкIуэкI аузхэмрэ къуршыпс къыщIэжыпIэхэмрэ гъэкъэбзэным теухуа акцэхэр. Абыхэм жыджэру хэтщ альпинистхэр, студентхэр,щIыуэпсыр фIыуэ зылъагъухэр. 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: