Пшад (Пшъадэ)

 ЩIыпIэцIэхэр 

ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэ лIакъуэм щыщ цIыхухэр зыдэса тIуащIэм, Геленджикрэ (ХъупIэжьий) Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щежэх псы цIыкIумрэ (иужьрейм «Дуаб»-кIи еджэу щытащ).

ЩIЭНЫГЪЭЛIХЭМ я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Пшъадэ («Пшад») щIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр, «пшы»-р, «псы» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна псалъэпкъыращ. НэгъуэщIхэми къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр абхъазыбзэм хэт «апшадэ» («жьыншэ») псалъэм къытехъукIащ. УарохьэлIэ щIыпIэцIэр иджырей кIахэ адыгэбзэм IыхьитIу щызэхыхьэ «пщэ-ды» жыIэкIэм хуэзышэхэми. Абыхэм къызэрыхагъэщхьэхукIымкIэ, япэ Iыхьэр, «пщэ»-р, «пшэ», «пшагъуэ» мыхьэнэхэм уахуэзышэщ, «ды»-р «щIэзыхъума», «зысея», «зыгъэдия» егупсысыкIэм убгъэдэзышэщ.
ФIэщыгъэм ехьэлIауэ нэгъуэщI зы еплъыкIи щыIэщ. Абы тетщIыхьмэ, щIыпIэцIэр лъабжьитIу зэхэлъщ: «пщэ(й)»-рэ «дэ»-уэ. Япэ Iыхьэр, «пщэ (й)»-р, тхушэдеяфэ (чинар) жыгым натхъуэдж адыгэхэр зэреджэу щытам пэгъунэгъущ, етIуанэ пычыгъуэр, «дэ»-р, пхъэщхьэмыщхьэ быдэ цIыкIум и лъэпкъыгъуэ псоми хужаIэ псалъэрщ. Ауэ щыхъукIи, фIэщыгъэр къызэрыбгурыIуэ хъунур «тхушэдеяфэрэ дейуэ зэхэт мэз» - жиIэущ. 
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, щIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэд ятезыгъэкIуэда Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгэ топонимикэм и псалъалъэ» («Адыгейский топонимический словарь») и тхылъым зэритымкIэ, «Мэзмый» фIэщыгъэм дежи дызыщрихьэлIэр ищхьэкIэ къэтхьа «пщэды»-м ещхь псалъэ зэхэгъэувэкIэщ.      

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: