Хъыбархэр

Ухуэныгъэ

Александровскэ станицэм бжьамийхэр щахъуэж

 «Псы къабзэ» къэрал проектым з ипкъ иткIэ Александровскэ станицэм псы бжьамиищIэхэр щаукъуэдий. Ар езыгъэщIыр Май муниципальнэ щIыналъэрщ.
БжьамиищIэхэр далъхьэнущ километри 8,5-м нэблагъэм. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпынущ иджырей пщалъэм изагъэу щIа, псы уэру къаутIыпщми, ар зыхуэIыгъыну, полиэтиленым къыхэщIыкIа бжьамийхэр. Апхуэдэуи зи гугъу тщIы бжьамийхэр улъиинукъым, псым и щытыкIэми зимыхъуэжу цIыхухэм яIэрыхьэнущ.
Ухуэныгъэм и сэбэп екIынущ станицэм щыпсэухэм я Iыхьэ щанэм. Абы нэмыщI, щIыналъэ администрацэр иужь итщ «Псы къабзэ» проектыр къагъэсэбэпу, псы къыщIэшыпIэщIэ яухуэну.
2021 гъэм «Псы къабзэ», «Ущыпсэуну тынш къалэ» проектхэм я фIыщIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэнущ е щызэрагъэпэщыжынущ объект I9-м нэблагъэ. Лэжьыгъэхэр илъэсым и кIэм яухынущ.
 

 ЗэIущIэхэр

 Мэзхэр хъумэным и IуэхукIэ

Урысейм мэз хозяйствэмкIэ и комиссэмрэ Мэз хозяйствэмкIэ департаментым и лэжьакIуэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зи чэзу кIэлъыплъыныгъэ щрагъэкIуэкIащ иджыблагъэ.
Къэпщытэныгъэм кърикIуахэр къыщапщытэжащ Мэз хозяйствэмкIэ департаменту КИФЩI-м щыIэм и унафэщI Костенич Петр иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм. Министерствэм къыхуагъэуващ Федеральнэ къэрал мэзхъумэ IэнатIэм и нэIэ щIэту, мэзхэр мафIэсым щыхъумэным хуэгъэза Iуэхугъуэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ ирагъэкIуэкIыпхъэу.
ЗэIущIэ нэужьым Костенич Пётр яIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергейрэ. Апхуэдэуи Костенич хуэзащ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и кураторым. Ахэр тепсэлъыхьащ щIэуэ къащта къэрал унафэхэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз хозяйствэхэм зэрызрагъэужьыну Iэмалхэм.
 

Гъэунэхуныгъэ

Уэм хадэхэр зэрыщахъумэну Iэмэпсымэр ягъэунэху

Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэунэхуащ Чувашие Республикэм щащIа, «Эльбрус-А» зыфIаща уэр щыкъуей зэращI топышэр зэрагъэлъатэ Iэмэпсымэмрэ, пшэхэр зэрызэбграху «Алазань-8М» ракетэмрэ. Ар щащIащ Iэмэпсымэхэр къыщIигъэкIыу Чебоксары къалэм дэт IуэхущIапIэм.
Гъэунэхуныгъэхэм къагъэлъэгъуащ Iэмэпсымэхэмрэ ракетэхэмрэ сэбэпынагъышхуэ зэраIэр. „Алазань8М“ ракетэр мэкъумэшым елэжьхэм къагъэсэбэпмэ, уэм къарит хэщIыныгъэр хуэдитхукIэ игъэмэщIэнущ. РакетэщIэхэр пшэр зэбгрызыхухэм 2022 гъэм щыщIэдзауэ яIэрыхьэнущ. 
 

ЖармыкIэ

МэкъумэшхэкIхэр ящэну хуит ящI

Мэкъумэшым елэжьу зи продукцэ къыщIэзыгъэкIхэм жармыкIэ къыхузэрагъэпэщынущ. ШыщхьэуIум и 28-29 махуэхэм. Ахэр сыхьэти 8-м щыщIэдзауэ 16 пщIондэ лэжьэнущ.
ЖармыкIэм сату щызыщIэнухэм езыхэр зыхуеину хьэпшыпхэмкIэ, Iэнэ, жьауэ хуэдэхэмкIэ зыкъызэрагъэпэщыжыпхъэщ.
ЖармыкIэр къалэм и щIыпIиплIым зэуэ щекIуэкIынущ: «Искож» хьэблэм Неделиным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 8-нэ унэм хуэзэу, «Стрелкэ»-м Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым 30-нэ унэм хуэзанщIэу (шыгъэжапIэм и гъунэгъуу), Байсултановым и уэрамым тет 35-нэ унэм деж, Александровкэм Калининым и уэрамым тет 102-нэ унэм и гъунэгъуу.
ЖармыкIэм сату щызыщIыну хуей дэтхэнэми Налшык щIыпIэ администрацэм и электроннэ адресым - nalchik@kbr.ru - жыхуиIэм лъэIу тхыгъэ иригъэхьыпхъэщ.
Абы теухуауэ фыщыщIэупщIэ хъунущ мы телефонхэмкIэ:
40-94-22 - КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэхэмкIэ и министерствэм шхыныгъуэхэмрэ зи хьэпшып къыщIэзыгъэкIхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и IэнатIэ.
моб. 8-960-426-05-57 - Налшык и щIыпIэ администрацэм и IэщIагъэлI.
Апхуэдэ жармыкIэхэр дяпэкIи щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщыну я мурадщ.
Абхъазым и утыкум щрагъэкIуэкIыу щыта жармыкIэри зэрылэжьа пIалъэм тету щытынущ.
 

Мэкъумэш
 

ТехникэщIэхэр зыIэрагъэхьэ

Республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэр щIым зэрелэжьыну техникэщIэхэм къахэхъуащ.
2021 гъэм и шыщхьэуIум и 10-м мэкъумэшхэкIхэр къыщIэзыгъэкIхэм къащэхуащ техникэ лIэужьыгъуэу 105-м нэблагъэ. Абыхэм ящыщу 62-р тракторщ, 12-р гъавэр зэрыIуахыж комбайнщ Мэкъумэш техникэщIэхэр зэрызыIэрагъэхьэр лизингым и IэмалхэмкIэщ. Мы илъэсым лизингым и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ техникэрэ абы ехьэлIа Iэмэпсымэу 40-м нэблагъэ. Абыхэм сом мелуан 210,5-рэ яхуэзащ.
 

ЖКХ
 

ТехникэщIэхэр яIэрохьэ

«Кавказ Ищхъэрэм и Урысейсетхэр» IуэхущIапIэм хыхьэ «Къэббалъкъэнерго»-м и лэжьакIуэхэм сом мелуан 15,5-рэ и уасэ техникэщIэ яритащ - лъагапIэм зэрыдэкIуей Iэмэпсымэ зэрыт автомобилрэ зэрылажьэ кранрэ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, иужьрей илъэситIым щIыналъэ къудамэм транспорт лIэужьыгъуэу 82-рэ къратащ. Абы щыщу «Лада Гранта» автомашинэм хуэдэу 57-рэ, УАЗ-у 13, «Рено Логан» автомашинэу 5, кран, автовышкэ, манипулятору 5.
Иужьрейуэ кърата автовышкэм энергетикэм и лэжьакIуэхэр метр 18-кIэ иIэтыфынущ, тонн I6 зи лъагагъ автокранми метр 18-кIэ удрихьеифынущ. Абы тынш къащищIынущ унэ лъагэхэм къыщагъэсэбэпыну ток Iэмэпсымэхэр ираукъуэдииныр. 
«ТехникэщIэхэр къызэрытхуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым. Апхуэдэуи, абыхэм Iэмал къыдатынущ технологие и лъэныкъуэкIэ ныкъусаныгъэ къыхэмыкIыу ди лэжьыгъэр ипэкIэ дгъэкIуэтэнымкIэ» къыхигъэщащ «Къэббалъкъэнерго»-м и унафэщI Къарэ Муртаз.
2020 - 2021 гъэхэм «Кавказ Ищхъэрэм и Урысейсетхэм», - Налшык, Бахъсэн, Тэрч, Тырныауз, Нарткъалэ, Бахъсэн, Май, Прохладнэ щIыналъэхэр зыхуэныкъуэ псомкIи къызэригъэпэщыну и пщэ дилъхьэжащ. Зи гугъу тщIы компанием къалэн зыщищIыжа Iуэхугъуэхэр зэригъэзащIэм и щыхьэтщ къаIэрыхьа автомашинэхэри. ТехникэщIэхэр къызэгъэпэщащ зэрыкIэлъыплъ IэмэпсымэщIэхэмкIи. Абыхэм я фIыгъэкIэ ахэр дэнэ щылажьэми  «Кавказ Ищхъэрэм и Урысейсетхэм» я IэщIагъэлIхэр кIэлъыплъыфынущ.
 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: