Мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Республикэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Нобэ дэ догъэлъапIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ - Республикэм и махуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал ухуэкIэр, жылагъуэ-политикэ и лъэныкъуэкIэ зы­тетыну мардэхэр зыхуэдэнур а махуэрщ щаубзыхуар икIи республикэм и тхыдэ ­гъуэгуанэр абы епхащ, ар зэкъуэтынымрэ зэрыIыгъынымрэ, зэныбжьэгъунымрэ зы­зэхэщIыкIынымрэ я дамыгъэщ.
Урысейм хэту автономие зэригъуэтар мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэ Iуэхуу уващ икIи республикэм щыпсэу цIыхубэм я дежкIэ къыпхуэмылъытэным хуэдиз къа­ру иIащ, абы зиужьынымкIэ Iэмалы­щIэ­хэр къыхузэIуихащ. Дэ пщIэшхуэ яхудощI Къэбэрдей-Балъкъэрыр ухуэным, абы зиужьыным зи Iущагъ, лэжьыгъэ, къару езыхьэлIахэм, дрогушхуэ ди лъахэгъу куэ­дым я лIыхъужьыгъэхэм, лэ­жьыгъэфI­хэм, къэралми дуней псоми щыцIэрыIуэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ щIэныгъэлI­хэмрэ, усакIуэхэмрэ тха­кIуэ­хэмрэ, музыкантхэмрэ спортсменхэмрэ я зэфIэкIхэм. Дэ ди къалэныр нэхъыжьхэм я хабзэфI­хэм пытщэнырщ, Къэ­бэрдей-Балъ­къэ­рым и ехъулIэныгъэхэр дгъэбэгъуэ­нырщ, дыщалъхуа щIыналъэр нэхъри ефIэ­кIуэ­ным хьэлэлу ды­хуэлэжьэнырщ.
Нобэ республикэм ехъулIэныгъэкIэ щагъэзащIэ иджырей инвестицэ проектхэр, промышленностымрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ, узыншагъэр хъумэнымрэ егъэ­джэ­ныгъэмрэ, спортымрэ туризмэмрэ къыщыхалъхьэ жэрдэмыщIэхэр, жы­джэ­ру къагъэIэрыхуэ бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэр. Республикэм и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщ­хьэм и мурадыр цIыхухэм я псэукIэу къы­зэрыгуэкI пщалъэхэм изагъэхэр егъэ­фIэ­кIуэнырщ: Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дэтхэнэ зы цIыхури абы и унагъуэри тыншу, зыхуей хуэзэу псэунырщ; езым и зэфIэкIымрэ зэчиймрэ къигъэлъэгъуэ­нымкIэ Iэмал иIэнырщ; гугъуехь хэхуэмэ, абыхэм щыхъума зэрыхъуну хэкIыпIэхэр иIэнырщ; я сабийхэм я къэкIуэнумкIэ адэ-анэхэр мыгузэвэнырщ; нэхъыжьхэм гулъытэ яхуэ­щIынырщ; щалъхуа республикэм цIыху­хэр ирипэгэнырщ.
Илъэс къакIуэ дэ дгъэлъэпIэнущ тхы­дэ мыхьэнэ зиIэ пIалъэр - Къэбэрдей-­Балъ­къэр Республикэр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 зэрырикъур. Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсищэ гъуэгуанэм къри­кIуахэр щыхьэт тохъуэ ди ехъулIэныгъэ ­псоми я лъабжьэу щытыр дэтхэнэ ­зыми егугъуу и лэжьыгъэр игъэ­зэщIэныр зэ­рыарар. Шэч ­къытесхьэркъым, дэ зы­хуэдгъэувыжа ­къалэнхэр, дызэдегугъу­мэ, зэрытхуэгъэ­зэ­щIэнум, дыщалъхуа Къэ­бэрдей-Балъ­къэрым адэкIи нэхъри зэ­рызед­гъэу­жьыфынум.
Ди къарур зыхэлъыр ди зэкъуэтыныгъэрщ. Ди текIуэныгъэхэр къызыдэкIуэнури аращ.
Республикэм щыпсэу псоми си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу мамыру, фыузыншэу, ехъулIэныгъэхэр фиIэу, зэ­Iузэпэщу фыпсэуну.
МахуэшхуэмкIэ, си хэкуэгъу лъапIэхэ!

Поделиться: