Жыжьэхэщ икIи шынагъуэхэщ

Школым къыщытщIауэ дыщыгъуазэщ вагъуэхэр хъурейуэ зэхэува гелийрэ водороду зэрызэхэтыр, планетэхэри абыхэм  ещхьщ, арщхьэкIэ нэхъ щIыIэщ икIи нэхъ щыгъын къызэрыгуэкIхэмкIи» хуэпащ.

АрщхьэкIэ псори апхуэдэу зэфэзэщ? Дауи, адрейхэм зыкIи емыщхьхэри къахокI. Хэбгъэзыхьмэ, ауэ жыжьэуи пхуемыгъэпщэнухэр. ЗэрыжаIэщи, щхьэж дэзыхьэх иIэжщ. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур хьэршым щыIэ хъугъуэфIыгъуэхэрщ. Ар ялъэгъуамэ, ди  къулеижь иримыкъужхэм я нэхэр къихунт. Мыхьэнэ гуэри имыIэу: ахэри дэри  а планетэхэм зэи дынэсыфынукъым. ИкIи дыхуейкъым: ахэр зэрыжыжьэм и мызакъуэу икIи шынагъуэщ.

Елыркъэш вагъуэбэм хыхьэ Янсен планетэр (2015 гъэм ирагъэкIуэкIа зэпеуэм кърикIуахэм япкъ икIэ абы фIащащ Европэм япэ телескопыр щызыщIауэ хуагъэфащэ IэпщIэлъапщIэ Янсен  Захарий (1585-1632) и цIэр) къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрыщыту налмэсщ. Ар 2004 гъэм къахутащ, икIи щIышхуэкIэ зэджэхэм ящыщу къыщIэкIащ: планетэр, пэжу, абрагъуэщ- ди ЩIым нэхърэ хуэди 9-кIэ нэхъ инщ, егъэлеяуи пщтырщ: температурэр градус 1400-м щегъэжьауэ 2400-м щынос. Абы щхьэфэ быдэ, гелийрэ  водороду зэхэт уафэ иIэщ.  Щхьэ  налмэс защIэ? Псори къызыхэкIыр углерод быдэрщ. НаIуэу зэрыщытщи, ар налмэс е  къэрандащ кIуэцIым илъ графит къызэрыгуэкIыуи  къыщIэкIыфынущ-зэлъытар и атомхэм я ухуэкIэрщ. Янсен налкъутыр къыхихащ.

Дэ зи гугъу ныфхуэтщIар планетэщ, ауэ налмэс вагъуэхэри щыIэщ! Ахэр нэхъ телъыджэжщ.

Водолей вагъуэбэм (нэхум и псынщIагъкIэ илъэс 900-кIэ Дыгъэм пэжыжьэщ) къыщахутащ псынщIэу кIэрахъуэ нейтрон вагъуэрэ вагъуэ хужь цIыкIурэ зэгъусэу. Зэгъусэхэр хьэршым мымащIэу щалъагъу. Ауэ мыхэр псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ. Япэр - пульсарыр- езым хуэдэхэу зэкIэ къахутахэм ящхьэпрокI-ди Дыгъэм нэхърэ хуэдэ 1,8-кIэ нэхъ инщ. И гъусэ хужь цIыкIури езым хуэдэ псоми нэхърэ нэхъ хьэлъэщ. НэгъуэщIкIи къахожаныкI: цIыкIу дыдэщ, ди ЩIым хуэдиз хъууэ аращ. ИкIи «щIыIэщ»-и щхьэфэм температурэр градус 2700-рэ щыхъу къудейщ. Хэбгъэзыхьмэ, нэхъ планетэ пщтырхэри мащIэкъым.

АрщхьэкIэ псоми нэхърэ нэхъ хьэлъэщ, псоми нэхърэ къыпхуэмылъытэным хуэдизуи нэхъ лъапIэщ-ар зэрыщыту налмэсщ!

Мыбдеж ущогупсыс: слIожь а хъугъуэфIыгъуэ лIэужьыгъуэм фIэкIа нэгъуэщI «къэбгъэсэбэп хъун» хьэршым щымыIэу пIэрэ? Шэч хэмылъу, щыIэщ, ауэ я  нэхъыбэ дыдэр зэи къахуэхутэнукъым. НаIуэу зэрыщытщи, зэман къакIуэм цIыхухэр зыдэIэпхъуэну планетэхэр (ЩIыр зэвыIуэ мэхъу) къалъыхъуэ, апщIондэхукIи телъыджэхэм яIуоуэ. Мис, псалъэм папщIэ, Бажэ цIыкIу вагъуэбэм планетэ щхъуантIэ къащагъуэтащ. ЩIым ещхьыркъабзэщ. Пэжу, жыжьэIуэщ:  Абы унэсын  папщIэ нэхум и псынщIагъыр (зы секундым километр мин 300) пIыгъыу илъэс 63-кIэ укIуэн хуейщ. Сыт атIэ? Хьэуа, псы, мэз щыIэмэ, цIыхум сыт  хуэдэ лъэпощхьэпори къызэринэкIыфынущ.

АрщхьэкIэ планетэ щхъуантIэм дэ щытщIэн  щымыIэу къыщIэкIащ. Абы и теплъэр езыгъэгъуэтыр силикатым и хьэдзэхэрщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сыт щыгъуи абдж… къыщошх! Уеблэмэ. зы сыхьэтым километр мини 8-м нэблагъэ зи псынщIагъ жьыи  щIэту. Ди насыпщи, дыкIуэн дэнэ къэна, дэ ар зэи тлъагъунукъым.

Ауэрэ здэлъыхъуэм астрономхэм къахутащ Къыу  вагъуэбэм хыхьэ планетэ. Ар ипэIуэкIэ зи гугъу тщIам нэхърэ хуэдипщIкIэ нэхъ жыжьэт. Еджагъэшхуэхэм ар занщIэу ягу ирихьакъым:   языныкъуэ вагъуэхэм нэхърэ нэхъ пщытырщ-температурэр градус 4300-м щынос. Телъыджэщ. Ауэ нэхъ телъыджэжу къыщIэкIащ ар металл быдэ дыдэ титанымкIэ егъэлеяуэ зэрыкъулейр. Апхуэдизу щыкуэдщи, уэшхыу къыщошх. Ди нэгу къыщIэдгъэхьэну яужь димыхьэмэ  нэхъыфIщ.

Хьэршым къулеигъэ и пэрыхьэтщ. Хэбгъэзыхьмэ хъугъуэфIыгъуэхэм я нэхъ лъапIэ платинэр зэтекIутауэ щызэтелъ планети къахутауэ жаIэ. Ауэ дэ абыхэм зыкIи дахуейкъым: тIум щыгъуэми далъэIэсынукъым.

                                      Шал Мухьэмэд.

Поделиться: