27.09.2026, 10:00 - Щэнхабзэ

Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ дэрбзэр ХьэцIыкIу ­Мадинэ теухуа пшыхь дахэ. ­­ Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Тэмазэ Лиуан. Мадинэ и фащэхэм, бзылъхугъэм и IэщIагъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэ­ригъэбеир, щIалэгъуалэр адыгэгу-адыгэпсэ щIынымкIэ ар зэрысэбэпыр, ди тхыдэм куэдкIэ пэджэж телъыджэхэр къызэригъэщIыфыр ягъэ­щIэ­­гъуэныщэу дэрбзэрым утыкур къыхузэрагъэпэщащ. Мы зэIущIэм къыщыпсэлъащ гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр. 

26.09.2026, 09:30 - Жылагъуэ

Ди республикэм мы махуэхэм щокIуэкI цIыхум психикэ и лъэныкъуэкIэ и узыншагъэм нэхъыфIу елэжьы­ным хуэщIа IэмалыщIэхэр къыщагъэнаIуэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIыналъэ куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а медицинэ зэIущIэшхуэм хэтхэм яхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

26.09.2026, 09:00 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэрал Думэмрэ щIыпIэ само­управленэхэмрэ я депутатхэм я хэхыныгъэр къызэзыгъэпэща щIыналъэм и хэхакIуэ комиссэм хэтхэм, щIыпIэхэмрэ участкэхэмрэ щылэжьахэм. 

20.09.2026, 12:00 - Жылагъуэ

Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм тхыдэм къыпхиша гъуэгуанэ екIум ди нобэри зэригъэбжьыфIэм и щыхьэтщ гъэм и кIыхьагъкIэ къыдах шыгъажэхэр, ди шухэм я ехъулIэныгъэхэр, езы шы лъэпкъыр елIалIэу зэрахъумэр. ГъущIыкIэм къыхэ­щIыкIа машинэхэмрэ кхъухь­лъатэхэмрэ дакъикъэ бжыгъэм узыхуей щIыпIэм узэрынагъэсым щхьэкIэ къэмынэу, псэкIэ зэрыщIэ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрызычын щхьэусыгъуэ нобэр къыздэсым къызэрыкъуэмыкIам фIыкIэ узыщегъэгугъ. 

19.09.2026, 10:17 - Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, адрей щIыналъэ псоми хуэдэу, дыгъуасэ сыхьэтийм, Урысейм и Къэрал гимныр къеуэу, хэхыпIэхэм я бжэхэр къыщызэIуахащ. ЗэрыфщIэщи, цIыхухэм къапэщылъщ мы махуищым (фокIадэм и 18-м къыщыщIэдзауэ 20 пщIондэ) Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэмрэ муниципальнэ унафэщIхэмрэ хахыну. 

19.09.2026, 10:00 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм щекIуэкI хэхыныгъэхэм жыджэру хыхьащ. 

18.09.2026, 12:56 - Махуэгъэпс

Урысей Федерацэм Мэзым и лэжьакIуэхэм я махуэр зытраухуар фокIадэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэрщ, нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуэмэ, и 15-м къыщыщIэдзауэ и 21-ри хыхьэущ (дызэрыт гъэм елъытауэ). 2026 илъэсым ар зытехуэр, зэрынэрылъагъущи, фокIадэм и 20-рщ.

15.09.2026, 13:36 - Литературэ

Къэрэшей-Шэрджэсым и инжыдждэс къуажэхэм щыпсэуа нэхъыжьыфIхэм я деж щызэхуихьэсыжа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжа Шэрджэс Алий адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь итащ. Мы Iуэтэжри абыхэм ящыщ зыщ.

13.09.2026, 13:29 - Щэнхабзэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессиональнэ сурэтыщIхэм ящыщ, и адэ Трындык Николай къыщIэна лэжьыгъэ 24-рэ. 

13.09.2026, 12:27 - Жылагъуэ

Налшык дэт Къэрал макъамэ ­театрым щекIуэкIащ ШэрIужь Аслъэн илъэс бжыгъэ дахэ зэ­ры­рикъуам, и тхылъыщIэ дунейм къызэрытехьам теухуа пшыхь. 

12.09.2026, 12:46 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ. 

11.09.2026, 14:13 - Жылагъуэ

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

06.09.2026, 13:28 - Жылагъуэ

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

05.09.2026, 10:25 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

01.09.2026, 12:58 - Жылагъуэ

Щхьэ, пщэ лышх узыфэ лIэужьыгъуэхэм хабжэ нэм, тхьэкIумэм, жьэ кIуэцIым, щитовиднэ железам, тэмакъым, жьэ пхъэбгъум, нэкIум, щхьэфэм, пщэм къеуалIэхэр. Лышх узыфэу щыIэм я проценти 10-р еубыд мы лIэужьыгъуэхэм, нэхъыбэми ахэр зэфыкIыр цIыхухъухэрщ.

31.08.2026, 16:38 - Жылагъуэ

Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Франджым и пащтыхь, дзэзешэ цIэрыIуэ Бонапарт Наполеонрэ Мысырым щыIа адыгэ мамлюкхэмрэ зэжьэхэуауэ щытащ зэгуэр…

ЩЭНХАБЗЭ

Щэнхабзэ
25.09.2026 - 12:00 | 👁 20

Подробности...

ЩIэныгъэм и щэхухэр

ЩIылъэм щэхуу ихъумэр къэхута хъуатэмэ, щIэныгъэм и кIуэкIэр сытым хуэдэнут, жыуегъэ зищIысыр къыпхуэмыщIэ, зэхьэлIар пхузэхэмыгъэкI гъэщIэгъуэнхэм уащыхуэзэм деж.
Щэнхабзэ
24.09.2026 - 12:30 | 👁 10

Подробности...

Лъэхъэнэхэм я щыхьэт испы унэхэр

ЩIэныгъэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зэрызаужьым и щыхьэт наIуэщ иужьрей илъэсхэм технологиемрэ бжыгъэрылъанэ Iэмалхэмрэ шэщIауэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэры
Щэнхабзэ
23.09.2026 - 12:27 | 👁 21

Подробности...

Iуэхум хъер щыхэлъым деж

«Хъер хэлъщ», - жаIэ адыгэхэм, екIуэкI Iуэхугъуэр зэрыуэзэрыбг мыхъуу дахэу къызэгъэпэща щыхъум деж.
Щэнхабзэ
20.09.2026 - 11:00 | 👁 17

Подробности...

Адэшхуэм и лъагъуэм тету

УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Къу­ныжь Елизаветэ макъамэм дихьэх къудей мыхъуу, абы ар къызэрыхуигъэ­щIам и щапхъэщ. 
Щэнхабзэ
18.09.2026 - 15:01 | 👁 14

Подробности...

Жьымрэ щIэмрэ зэпызыщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыпсту къыщыхалъхьащ «Таурыхъхэм я лъэужьым дрикIуэу» зэпеуэр.
Щэнхабзэ
18.09.2026 - 12:46 | 👁 22

Подробности...

Я жагъуэ пщIыным хуэсакъ

Ущие зыхэт хъыбар щызэхэпхкIэ, абы къыхэщ хьэл дахэхэр зыхэплъхьэну уохъуапсэ. ФIыр зэрыфIыр, Iейр зэрыIейр къыбгурыIуэнымкIэ куэду щхьэпэщ зэман жыжьэхэм щызэIэпаха хьэдисхэр.
Щэнхабзэ
17.09.2026 - 15:10 | 👁 18

Подробности...

Псэм ехуэбылIэ сурэтхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щагъэлъагъуэ Налшык къалэм и махуэм траухуа
Щэнхабзэ
16.09.2026 - 15:30 | 👁 12

Подробности...

«Вагъуэ цIыкIухэм» я нур

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ иджыблагъэ Москва щекIуэкIа V-нэ лъ
Щэнхабзэ
15.09.2026 - 12:26 | 👁 13

Подробности...

Москва зэрызыкъыщагъэлъэгъуэнум зыхуагъэхьэзыр

 Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и тхыдэ-лъахэхутэ музейр щытекIуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр и дэIэпык
Щэнхабзэ
14.09.2026 - 17:00 | 👁 39

Подробности...

Бзэр лъэпкъым и псэщ

Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зым ейм – адыгэбзэм - и Iуэху зыIутымрэ и хабзэхэмрэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъ

Страницы

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
09.10.2026 - 15:00 | 👁 10

Подробности...

Iейм зыщахъумэу

Адыгэхэм я цIэ фIэщыкIэу щытар зихуэдэ щымыIэу телъыджэт.
Жылагъуэ
09.10.2026 - 14:44 | 👁 11

Подробности...

Адыгэ щIэблэм папщIэ

Лъэпкъыр узыншэн щхьэкIэ, щIэблэм уегугъун хуейщ. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ ар гъэсапхъэщ фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу, ныбжьэгъур илъытэу, псэущхьэхэр фIыуэ илъагъуу, нэхъыжьым пщIэ хуищIу.
Жылагъуэ
09.10.2026 - 14:30 | 👁 10

Подробности...

ЩIыналъэр йофIакIуэ

Аруан районыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 105-рэ зэрырикъур щагъэлъапIэм къыхагъэщащ щIыналъэр ефIакIуэ зэпыту къызэрыгъуэгурыкIуэр. Абы иращIэкIа махуэшхуэр хуабжьу гукъинэж хъуат.
Жылагъуэ
09.10.2026 - 12:26 | 👁 11

Подробности...

Лэжьыгъэ щхьэпэ

Зауэм хэтахэм я лъэужьымрэ я щIыхь дамыгъэхэмрэ къэлъыхъуэжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI Нэхущхэ Ахьмэдрэ Дианэрэ. Зейхэм яIэрымыхьэжа къэрал дамыгъэ куэд
Жылагъуэ
09.10.2026 - 11:47 | 👁 4

Подробности...

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У К А З

  О единых базовых мерах поддержки лиц, принимающих (принимавших) участие в специальной военной операции, и других категорий лиц в
Махуэгъэпс
09.10.2026 - 11:24 | 👁 8

Подробности...

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 9, мэрем Пощтым  и дунейпсо махуэщ
Жылагъуэ
09.10.2026 - 10:42 | 👁 3

Подробности...

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У К А З

О внесении изменений в состав Антинаркотической комиссии в Кабардино-Балкарской Республике, утвержденный
Жылагъуэ
08.10.2026 - 14:49 | 👁 8

Подробности...

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 8, махуэку УФ-м щагъэлъапIэ кхъухьхэм - псым тетхэми, псы щIагъым щIэтхэми, уэгум итхэми - я командирхэм я махуэр 
Жылагъуэ
08.10.2026 - 14:03 | 👁 14

Подробности...

Куэдым хуэIэижь

Пэфыф Заринэ и япэ дыдэ усэхэр илъэситху мыхъу щIыкIэ итхащ.
Жылагъуэ
08.10.2026 - 12:26 | 👁 12

Подробности...

Лъэпкъ пэхуэщIэхэр мэлажьэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Черная Речкэ – Благовещенскэ автомобиль гъуэгум ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэр икIэм нэблэгъащ.

Страницы