Жылагъуэ

Илъэс 50 ирикъуа еджапIэ

Си фIэщ хъуркъым уи сабиигъуэр щыбгъэкIуа еджапIэмрэ балигъ гъащIэм ухуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ, сыт хуэдэ ехъуэлIэныгъэ уиIэу уемыджами, пщызыгъэгъупщэн щыIэу. 

Зэныбжьэгъугъэм и шэсыпIэхэр

ИлъэсыщIэ махуэщIхэм ирихьэлIэу «Чувашиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэныбжьэгъугъэ хасэ» зыфIаща жылагъуэ зэгухьэныгъэщIэ Чебоксары къалэм къыщызэрагъэпэщащ. Зэгухьэныгъэм и жэрдэмщIакIуэ хъуащ Чувашием и цIыхубэ усакIуэ Тургай Валерэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIалипрэ.

Анзорхэ я Къэбэрдейт

Хэти щыгъуазэщ адыгэхэр иджыпсту зытес щIыналъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэжым я адэжьхэр тепсэукIыу зэрыщытами, а щIыгум щыщу, лъэхъэнэ кIэщI дыдэм къриубыдэу, ди гъунэгъу лъэпкъхэм лъагъэсар зыхуэдизми.

 «ХъуэпсапIэхэм я псейр» Бахъсэн щIыналъэми щахуэпащ

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «ХъуэпсапIэхэм я псейкIэ» зэджэ псапащIэ Iуэхум ди хэгъэгум щрижэрдэмщIакIуэщ. А гукъэкIыр абы даIыгъащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIхэми.

Урысей гвардиер журналистхэм йохъуэхъу

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и лэжьакIуэхэр Урысей печатым и махуэм я хьэщIащ къадэлажьэ журналистхэм. Ахэр щызэхуэзащ Печатым и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым
Урысей гвардием и республикэ управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей къыбгъэдэкIыу республикэ газет пэрытхэм я журналистхэм ехъуэхъуащ хьэщIэхэр, я лэжьыгъэ купщIафIэм папщIэ фIыщIэ хуащIри, гукъинэж тыгъэхэмкIи егуэпащ, адэкIи зэрызэдэлэжьэнур, я зэпыщIэныгъэм зэрызиубгъунур къыхагъэщащ.

«ГъущI хьэлъэхэр»

«ГъущI хьэлъэхэр» (тяжелые металлы) Менделеевым зэкIэлъигъэкIуа и системэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лIэужьыгъуэ 40 мэхъу, я хьэлъагъыр атом единицэ 50-м нэблагъэу: ванадий, хром, марганец, железэ, кобальт, никель, гъуаплъэ, цинк, молибден, кадмий, бдзапцIэ, джынасу.

Следствием и лэжьакIуэхэм яхуэгъэза хъуэхъу

СледствиемкIэ комитетым и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и лэжьакIуэхэу, ветеранхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетыр къыщызэрагъэпэща махуэм и щIыхькIэ сынывохъуэхъу!

Хэкум и щыжакIуэхэр ягу къагъэкIыжащ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу ди щIыналъэм пэкIу, зэIущIэ, щIэныгъэ зэхуэс куэд щокIуэкI, дяпэкIи щекIуэкIынущ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ. Хэку зауэшхуэр дунейпсо тхыдэм лIыгъэрэ псэемыблэжыгъэкIэ гъэнщIа напэкIуэцIу хыхьащ.

Къытпэщылъыр сыт?

ЦIыхум и блэкIар къетIэщIыжыф, тхыдэр еджыф, ауэ хэт ищIэрэ къытпэщылъыр, илъэси 100 дэкIмэ дунейр зэрыщытынур, цIыхум и теплъэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэр, щIэуэ къыгупсысынур?

НэхъыфIхэм халъытэ

Хъыбар гуапэ

ЗэхъуэкIыныгъэкIэ къулей дызыхэпсэукI лъэхъэнэм ахэр зылъэмыIэса IэнатIэ къэнауэ къыщIэкIынкъым. Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ къарикIуэ ехъулIэныгъэхэри мащIэкъым. Псом хуэдэжкъым абыхэм я фIыгъэкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм игъуэт зыужьыныгъэр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ