Жылагъуэ

Зи гупсысэхэр нахуэ

Хьэжнэгъуей Залинэ Налшык къалэ администрацэм «Къалэм и зыужьыныгъэмкIэ, курортхэмрэ туризмэмкIэ» и департаментым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ.

ЛэжьакIуэ зэрахуримыкъум къыхэкIыу

Иужьрей илъэсхэм, хабзэ хъуауэ, Урысейм и компаниехэм лэжьакIуэхэр къыщалъыхъуэкIэ, ахэр нэхъыбэу зыщIэупщIэр зы IэнатIэм пэрыту къалэн зэхуэмыдэу зыбжанэ зэдэзыхьыфынухэрщ. Псалъэм папщIэ, 2021 гъэм елъытауэ апхуэдэ лэжьакIуэ хуейхэм хуэдищкIэ хэхъуащ, процент бжыгъэкIэ - 181-кIэ. 
Зы IэнатIэм пэрыту лэжьыгъэ зыбжанэ зэуэ зыгъэзэщIэфынухэм нэхъыбэу щыхуэныкъуэщ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэхэм, егъэджэныгъэм, ухуэныгъэм, финансым, мэкъумэшым, хьэщIэщым, шхапIэм, мэзым, пхъэм елэжьыным пыщIа IуэхущIапIэхэм. 

Сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ

Хъыбар гуапэ

«MACROPUS» сабий хьэпшып тыкуэнышхуэм щIэблэм ящыщу зи узыншагъэр мыщIагъуэм щадэлажьэ «Аутус» центрыр. 

Псейр

- Псейр дунейм и дэтхэнэ щIыпIэми къыщокI. 

#Мэзыртхъумэнщ къэралпсо жэрдэмыр даIыгъыу

Хабзэ дахэ хъуауэ, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр ядиIыгъыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр зэрыгушхуэ телечэщанэр щхъуэкIэплъыкIэу къызэщIоблэ. 

Япэ игъэщыпхъэхэр зэфIагъэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм щIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIыу яхуиутIыпща субсидиемкIэ Прохладнэ къалэм зыхуей щыхуагъэзащ Хуитыныгъэм и уэрамыр.

Километри 4-м щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгум тетщ курыт еджапIэр, сабий садыр, дин IуэхущIапIэр. Гъуэгум зэрыщыту асфальтыр трагъэкъэбзыкIри, мардэщIэхэм тету ягъэбыдащ асфальтыр зытралъхьа лъабжьэр. Иджырей Iэмалхэм я фIыгъэкIэ гъуэгур илъэс куэдкIэ къызыхуэтыншэу яхуэлэжьэнущ, сэкъат имыгъуэту, кумблъэмб имыIэу, щхьэфэр захуэу.

Лъэпкъ макъамэр лъагапIэм нэзыхьэса

Совет, урысей композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр зытха Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр къызэралъхурэ мазаем и 23-м илъэси 100 ирокъу.

Къардэн Хьэсэн Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым и Шэджэм Езанэ къуажэм 1923 гъэм къыщалъхуащ.

ЗэманкIэ укъызэмытхьэкъу

             Мы фхуэсIуэтэжыну хъыбарыр къэхъупа Iуэхугъуэщ. Зэман мымащIэ абы лъандэрэ дэкIами, къызыщыщIам и цIэр къидмыIуэмэ нэхъыфIщ.

 Си зы цIыхугъэ щIалэ къызэлъэIуащ ди зы къуажэ пхыдза и зы хозяйствэ зэпэщ си машинэмкIэ сшэну. Сэри щIалэр куэд щIауэ сцIыхут, и унагъуи мызэ-мытIу сихьати, схуэгъэщIэхъуакъым.

Ныджэхэм я дыгъэ

Иджы хуэдэ бжьыхьэкIэм псыхъуэ лъэгухэм, мэзылъэ щIыпIэхэм фыщрихьэлIэнущ къазмакъым. IэфIри гуащIагъри щызэхэт а пхъэщхьэмыщхьэ гуакIуэм хущхъуэгъуэу хэмылъ къэгъуэтыгъуейщ. Псом хуэмыдэу ар сэбэпышхуэщ щыгъупщэх хъуахэмкIэ, артрит узым гугъу иригъэхьхэмкIэ. А пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэм и лIэужьыгъуэ куэдым ущрохьэлIэ Сыбыр щIыналъэми, сыту жыпIэмэ, ар къол щIыIэр градус 45- м щынэсми. Ди республикэр къэтщтэнщи, ар къыщымыкI щIыпIэ диIэкъым.

Плъыфэ зэмыфэгъухэр

Мыгъэрей щэкIуэгъуэ мазэр и кIэм нэблэгъащ. Лъэсу къалэм къыщызыкIухьхэри нэхъыбэ хъуащ, пщэдей зызыхъуэжынкIэ хъуну дунейм и дыгъэпс кIапэр яутIыпщыну ягу пымыкI хуэдэ. ЦIыху куэдым уащыхэплъэкIэ япэу нэм къыфIэнэр щыгъын щIыIутелъ щхъуэкIэплъыкIэхэрщ. Нэхъапэм иджы хуэдэ зэманым цIыхухэм щIэкIыу ящыгъыу щыта бжьыхьэ щыгъынхэр яжьафэ-гъуабжафэ зэфэзэщу щыщытар щыIэжкъым. А зэманым модэр зыубзыхухэм къалъытэрт дуней уэтIпсытIым щыгъыныгъуэхэм я плъыфэри техуэн хуейуэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ