Жылагъуэ

Лъэпкъ къуэпсыр зэпещIэж

УафэхъуэпскIым идза щыблэр IэубыдыпIэншэу щIылъэм къохуэхри, зылъэIэсыр еущыкъуей. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм апхуэдэу къатехуат Урыс-Кавказ зауэр. Ди адыгэ лъэпкъри дунеижьым и дурэшхэм дикъухьат. Зы адэ-анэм къалъхуахэр зэлъэмыIэсыжыфу хамэ къэралхэм игуэша хъуауэ, лъэпкъ къуэпсхэр зэпычауэ нобэр къыздэсым йокIуэкI. Я щхьэ хуимыту хэкур зрагъэбгына ди адэжьхэр куэд щIащ дунейм зэрехыжрэ. Анэ бгъафэм щIача сабийуэ, хэкум къыхуэпабгъэу я дунейр яхьащ.

ЩIыхуэр ирагъэпшыныж

«Кавказ Ищхъэрэм и Урысей сетхэр» зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэхэмрэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ и IуэхущIапIэхэм псы щIыIэу, псы хуабэу, электрокъарууэ къагъэсэбэпам пэкIуэу ятын хуеяуэ яхузэтрихьар 2023 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу сом мелард 1,8-м щIигъуащ.

Дызэрыт илъэсым электрокъарууэ къагъэсэбэпам и уасэр ямытурэ щIыхуэу къатехуар сом мелуан 655,3-кIэ  хэхъуащ. Республикэм псэупIэмрэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ и IуэхущIапIэхэм ящыщу хуащIа Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэ пщIэр зытыр абыхэм я процент 32,3-рщ.

Зи гъуэгуанэр щIыхь пылъу зыкIу

 

Хьэрычэт IэнатIэм зыщIагъакъуэ

                  

Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр иджыблагъэ хэплъэжащ 2023 гъэм и япэ мазипщIым къриубыдэу «1764» зэрыхудачых Iэмалхэр и лъабжьэу щIыхуэ зэрат программэм кърикIуахэм.

Дунейпсо зэпеуэм къыщыхожаныкI

Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы кърихьэлIащ къэрал 18-м я спортсмен 222-рэ, абыхэм ящыщу 176-р цIыхухъуу, 46-р цIыхубзу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ БищIо Тимур бэнэкIэ хуитымкIэ домбеякъ медаль къихьащ. КIэух зэпеуэм нэсын папщIэ ар IущIат хэгъэрей бэнакIуэ Байрамов Турани, ар  къытекIуащ.

Илъэс лэжьыгъэр яубзыху

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ зытет Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм илъэсым къриубыдэу къэкIыгъэ лIэужьыгъуэу щыхасэнур зыхуэдэхэр, абыхэм хухахыну щIыпIэхэр убзыхуныр.

ЕрыскъыхэкIыу ящэм хохъуэ

Нэхъапэм ди къэралым къыщымыхъуауэ, иужьрей илъэсиблым фадэрэ фадэхэкIыу нэхърэ ерыскъыхэкIыу ящэр нэхъыбэ хъуащ.

Псалъэм папщIэ, дызэрыт илъэсым и япэ мазипщIым къриубыдэу ерыскъыуэ ящэм и куэдагъым хэхъуащ проценти 3,8-кIэ. А лъэхъэнэм хуэзэу фадэу, фадэхэкIыу зэрагъэкIуэкIар нэхъыбэ зэрыхъуар проценти 3,3-кIэщ. ФадэхэкIыр щынэхъыбар 2016 гъэращ.

Лэгъупыкъу

Лэгъупыкъур уафэм къоувэ уэшх ткIуэпсхэр дыгъэпсым къыщыпэцIум деж. Япэ дыдэу абы хэт плъыфэхэр къриIуауэ щытащ инджылыз математик, физик, астроном Ньютон Исаак. ЯпэщIыкIэ абы игъэщхьэхуащ плъыфитху: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, щхъуэ, шакъафэ. ИужькIэ плъыфэхэм я бжыгъэр макъамэм и нотэхэм япэбжу къилъытащ. Лэгъупыкъур хъурейщ. Хъурей ныкъуэу ар щIэтлъагъур щIым диплъыкIыу абы дызэрыхудэплъейм къыхэкIыущ. Кхъухьлъатэм уису лэгъупыкъум уеплъмэ, ар зэрыхъурейр къэплъагъунущ.

ПсынщIэу зызыужь къалэ

Урысейм щыпсэухэм 2023 гъэм нэхъыбэу зыщагъэпсэхуну яфIэфIу къыхаха къэралхэм япэ увыпIэр зыIыгъыр, адрей илъэсхэми хуэдэу, Тыркурщ. Абы къыкIэлъокIуэ Египетыр. Ещанэ увыпIэр яIыгъщ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм. Иужьрейм хиубыдэ Дубай къалэм нэхъыбэу зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэмкIэ ди къэралым етхуанэ увыпIэр иIыгъщ - Оманым, Сауд Хьэрыпым, Индием, Великобританием я ужькIэ. 2022 гъэм и кIэм къапщытэжауэ зэрыщытамкIэ, Урысейм щыщу Дубай зыщызыгъэпсэхуар цIыху мин 758-рэ хъурт.

Лышхымрэ дезодорантхэмрэ

Зэманым декIур лIыфIщ жиIами, а зэманым къыздихь щIэщыгъуэхэр цIыхум къыщыхуэмысэбэпи щыIэщ. Уеблэмэ арыншэу гъащIэр ди нэгу къытхущIэмыгъыхьэу къыддекIуэкI хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ узыфэ мыхъужыныр къыщызэщIагъэуши къохъу.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ