Жылагъуэ

Жуков Денис республикэ прокурорым и къуэдзэщ

Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа унафэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурорым и къуэдзэу ягъэуващ юстицэм и чэнджэщэгъу нэхъыжь Жуков Денис Геннадий и къуэр.  

Жуков Д. Г. 1980 гъэм къалъхуащ, 2002 гъэм Кубань къэрал университетыр къиухащ юристу.

Прокуратурэм лэжьэн щыщIидзащ 2003 гъэм. Ар щытащ Краснодар крайм и Кущевскэ районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъуу, Iузэв-хы ФIыцIэ районхэм я щIыуэпс хъумакIуэ прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжьу, Славянск, Староминск, Северск районхэм я прокурору.

ЯщIэр щIащIэр цIыхухэрщ

Иджыблагъэ Бахъсэн къалэм къыщызэIуахащ автовокзалыщIэ. Нэхъапэм и гугъу фхуэтщIауэ щытащ ар яухуэныр къызыхэкIа щхьэусыгъуэм, абы и инагъым, ухуэныгъэхэр щаухыну пIалъэм. УхуакIуэхэм къызыхуэтыншэу, къыхуагъэува пIалъэм фIимышу лэжьыгъэр зэфIагъэкIащ икIи мы махуэхэм ар ятащ.

Чэтэным и фIагъыр

Чэтэныр (щыгъагъэм деж егъэлеяуэ дахэщ. Губгъуэм щоуфафэ гъэгъа щхъуэхэр, щIыхуфэ мащIэ зыщIэлъадэхэр, тхьэмбылыфэхэр, хужьхэр. Ауэ апхуэдэ дахагъэм ущыIуплъэфынур пщэдджыжьырщ. Гъэгъахэм пщэдджыжькIэ зыкъызэIуах, шэджагъуэм, дыгъэм и гуащIэгъуэм, гъэгъа щабэ цIыкIухэр полъэлъ. Чэтэн гектарым бжьэхэм къыпахыфынущ фо килограмм 15-м нэблагъэ.

ЦIыхухэм я тыншыгъуэр къызэрагъэпэщу

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIэкIащ. ЗэрытщIэщи, жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри. Апхуэдэу, лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, Май щIыналъэм и жылагъуэ зыбжанэ зэпха Шэрэджыпсым телъ лъэмыжым и зэгъэпэщыжыным гъуэгуухуэ IэнатIэхэр иужь ихьащ.

КIэух зэпеуэм щагъэлъэгъуэнухэр

Сабий сурэтым и Урысейпсо зэпеуэм, «Си адэ-анэр полицэм щолажьэ» зыфIащам, и щIыналъэ Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIам кърикIуахэр КъБР-м щыIэ МВД-м щызэхалъхьэжащ. Комиссэм къыIэрыхьат республикэм и районхэм къикIа лэжьыгъэ 20-м щIигъу.

Тхьэшхуэм и къарур инщ

Марк лышх узыфэхэр зыпкърытхэм еIэзэ дохутырт, и IэщIагъэми фIыуэ хищIыкIырт. Зэгуэрым ар гъуэгу теуващ, зэIущIэшхуэ гуэрым хэтын мурадкIэ. Абы щIалэм къыщыпэплъэрт и лэжьыгъэфIым папщIэ къыхуагъэфэща медицинэ саугъэт лъапIэр. Арати, кхъухьлъатэм ису гъуэгу здытетым, кхъухьлъатэм сэкъат гуэрхэр игъуэтри, ар здэкIуэм нэмыс щIыкIэ щIым къэмытIысу хъуакъым. 

Бэчхэ я унагъуэм ди цIэр фIыкIэ ягъэIу

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым щрагъэкIуэкI унагъуэм и пщIэр къэзыIэт, абы жылагъуэм щиIэ мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэ «Илъэсым и унагъуэ» зэпеуэр. Иджы еянэу къызэрагъэпэща апхуэдэ зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ псоми щыщ унагъуэ куэд. ЩIыпIэхэм щекIуэкIа Iыхьэм нэхъыфIу къыщалъыта унагъуэ 384-р иджыблагъэ ирагъэблэ­гъащ Москва. Абы къыщызэрагъэпэщащ къэралым и унагъуэ нэхъыфIхэр щагъэфIэж гуфIэгъуэ пшыхь. 

Хабзэр и тегъэщIапIэрэ пэжыр и плъапIэу

Иужьрей зэманым, дызэрыщыгъуазэщи, цIыхум сом бжыгъэ къыIэрыхьэр бохъ­шэм дилъэхьэжу щыскъым. Дызы­хуэкIуар аращи, жьыми, щIэми сом гъэ­тIылъыпIэу яIэр банк зэхуэмыдэхэм къы­дагъэкI картэхэрщ. Зы лъэ­ныкъуэкIэ зи ­гугъу сщIы «картэхэр» тыншщ уиIэну, сыту жыпIэмэ зэуIу хъууэрэ, сом бжыгъэр абы нэхъ щыхъу­ма ­мэхъу. Ауэ банкхэм щIы­хуэ къыIахарэ ирамы­тыжмэ, зэбгъэдэкIыжа зэщхьэгъусэхэм язы­хэ­зым сабийм папщIэ алиментхэр имытмэ, кар­тэм илъ ахъшэр яубыд. 

Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр зрагъэлъагъу

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольгэ. Абы зригъэлъэгъуащ республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Ап­хуэдэу зыщигъэгъуэзащ Нартан дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм, Къэбэрдей, Балъкъэр къэ­­рал драмэ театрхэм, Театрхэм я уардэунэ яухуэм, Гъуазджэ­хэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэ­рал институтым щекIуэкI лэ­жьыгъэхэм.

Хьэрфхэр хьэлэмэту догъэджэгу

Гъ 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ