Жылагъуэ

Дызыщымыгъуазэ гъэщIэгъуэнхэр

• Сабий тхакIуэ цIэрыIуэ, таурыхъ куэд къэзыгупсыса Андерсен Ганс Кристиан щыуагъэ химыщIыхьу псалъэ мащIэ дыдэщ хуэтхыу щытар.
• Динозавр нэхъ ин дыдэу дунейм къыщагъуэтам и кIыхьагъыр метр 30-м щIигъурт, тонн 80-м щIигъу и хьэлъагът.
• Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Берлин къалэм япэу дадза бомбэм иукIауэ щытар абы и зоопаркым иса пыл закъуэрщ. 
• 1941 гъэм Совет Союз къэралыгъуэм лэжьапIэ IэнатIэ пэрыт цIыхум сабий имыIэу щытмэ, абы и улахуэм проценти 6 налогыу хагъэкIырт.

Шыгъур

Дуней псом шыгъуу къыщыщIахым и проценти 6 къудейрщ шхыным халъхьэу къагъэсэбэпыр. Процент 17-р гъуэгу щтрыгъухэм тракIутэным ирикъуу аращ. Адрейхэр металлургием, транспорт, химие промышленностым, лэч щащI заводхэм къыщосэбэп.

Гуп хэхам я махуэм

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэ и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей СОБР-м и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ махуэмкIэ икIи я къалэнхэр щагъэзащIэм къыхэжаныкIа зауэлIхэм дамыгъэхэр, фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмрэ яритащ.

Къуажэхэм зрагъэужьу

2023 - 2024 гъэхэм къриубыду Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм сом мелуан 750-рэ хухахынущ.

ЛIыгъэм и дерс

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и офицер Тубей Аслъэн Кавказым щхьэкIэ екIуэкIа зауэм къыщахьа текIуэныгъэм теухуауэ лIыгъэм и дерс ядригъэкIуэкIащ Налшык къалэм дэт курыт школ №9-м и класс нэхъыжьхэм щеджэхэм. 

Гуапагъэр зи фащэ

Вындыжь Мариерэ сэрэ дызэрызэрыцIыхурэ илъэс 25-м нэблэгъащ. А зэманым къриубыдэу дэ тIур куэдрэ дызэхуэзащ лэжьыгъэ IуэхукIэ. Гу зылъыстаращи, зы хьэлымрэ зы щэнымрэ ит адыгэ бзылъхугъэр и псэкIэ къабзэщ, и гупсысэкIэ куущ, и Iуэху зехьэкIэкIэ щапхъэщ. Абы къыпкърыкI гуапагъэм узыIэпешэ, удехьэх. 

Зыхуейр къыщагъуэт

Иджы хуэдэ бжьыхьэ зэманым къалэхэм я щIыпIэ щхьэхуэхэм уэру цIыхур щызэхуэс бэзэр цIыкIухэр щы­зэхэтщ. Абыхэм хэти къыщелъыхъуэ унагъуэ хадэм къы­щыпача пхъэщхьэмыщхьэ, хэ­ти щIымахуэ шхын гъэтIы­лъыгъэхэр къызыхищIыкIын хадэхэкI къабзэхэр.

Унэидзыхьэ

Нобэ интернетыр къызэIупхамэ, видео пычыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ урохьэлIэ, хьэгъуэлIыгъуэ е нэгъуэщI гу­фIэгъуэ зэхыхьэм утыкум къафэу ит пщащэм щIакIуэ трапхъуэрэ, щIалэхэм ирахьэжьэу. Ар адыгэ хабзэм и зы Iыхьэщ, адыгэр зэсэжащ. Ауэ апхуэдэ видео роликхэм кIэщIэтхыхь цIыхухэм я гупсысэкIэр апхуэдизкIэ зэ­техуэркъыми, гъэщIэгъуэн куэд ятх. Адыгэми апхуэдэ хабзэм зыри хэзымыщIыкIми къаIуатэ гупсысэхэм укъегъэуIэбжь, а Iуэхум лъабжьэ хуэхъур зэрамыщIэм куэдым урегъэгупсыс. Пэжщ, псоми зэхуэдэу зыгуэр ягу ирихьыр­къым, е зэхуэдэу Iумпэм ящIыр­къым.

ДзэлIхэм зыщIагъакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр зэпымычу ядэIэпыкъу зэпытщ дзэ Iуэху  хэхам хэт ди щIалэхэм. 
Мызыгъуэгум зауэлIэм хурагъэшащ автомобилхэр, квад­рокоптеру 5, тепловизору 10, дзэм къыщагъэсэбэп Iэмэ­псымэхэр, генераторхэр, пэшыр хуабэ зыщI пушкэхэр. Абы дыщIагъуащ ерыскъыхэкIхэмрэ хущхъуэхэмрэ. 
«ФIыщIэ яхузощI республикэм щыпсэухэм, хьэры­чэ­тыщIэхэм, мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм, ди лIыхъужьхэр ягъэгушхуэну зэрызыщIагъакъуэм папщIэ», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.

Нэщхъеягъуэ инт къэхъуар

Жэпуэгъуэм и 13 - 14 махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым фэ­еплъ Iуэхухэр щрагъэкIуэкI илъэс пщыкIубл хъуауэ. Нобэ республикэм и дэнэ щIыпIи ягу къыщагъэкIыж террористхэр Налшык къыщытеуам насыпыншагъэу ди цIыхухэм къыхуахьар, мамыр псэукIэр къызэтракъутэну зэрыхэтар, унагъуэ куэд ­гуауэм зэрыхадзар. Ауэ щIэпхъаджащIэхэм, зылI и быну, щхьэмыгъазэу япэщIэуват республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ