|
Жылагъуэ
2 октября, 2023 - 11:50
Лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэр нэхъыбэ дыдэу къыщынаIуэр гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм и дежщ, псом хуэмыдэу хьэгъуэлIыгъуэм. Адыгэ хабзэ жытIэ щхьэкIэ, абы хэмылъа куэд зэман-зэманкIэ къыхохьэ. Псалъэм папщIэ, нысащIэхэм щатIагъэ иджырей фащэхэр, нэхъапэм зэрахьахэм куэдкIэ къащхьэщокI, ауэ къежьар къежьащ, емыкIу дыдэу щымытмэ, цIыхури хуэмурэ псоми ирагъэсэж.
2 октября, 2023 - 10:28
Налшык къалэм и 37-нэ сабий садым и лэжьакIуэ Борэн Аринэ Iуэху щхьэпэ иришэжьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща зэпеуэм саугъэт къыщихьа нэужь. Ар ядолажьэ я тхьэкIумэм зэхимыхыу къалъхуа, зэрыдаIуэ Iэмэпсымэ зи щхьэм хэлъ сабийхэм.
2 октября, 2023 - 09:33
Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Вольнэ Аул, Хьэсэней, Джэрпэджэж, Къэщкъэтау жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Абы текIуадэ мылъкур къыхэкIащ республикэм и гъуэгу фондым. Иджыпсту лэжьыгъэхэр щекIуэкI, километри 3,9-рэ зи кIыхьагъ, Хьэсэней Аттоевым и цIэр зезыхьэ уэрамым уахуешэ къуажэм дэт етIуанэ къалэ сымаджэщым, амбулаторэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм, мэжджытым, нэгъуэщIхэми.
1 октября, 2023 - 12:27
Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм дэт курыт еджапIэм и 1-нэ, 5-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм Адыгэ фащэм и махуэр дахэу зэрагъэлъэпIам феплъыт. Ар я фIыгъэщ а цIыкIухэм я класс унафэщIхэу ТIымыжь Залинэрэ (1-нэ класс) Хъыдзэ Люсенэрэ (5-нэ класс). ЦIыкIухэр фащэгъэфIэж махуэм хуэзыгъэхьэзырар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ я егъэджакIуэ ТIымыжь Лацэщ. Лъэпкъ фащэкIэ хуэпа мы цIыкIухэм я анэдэлъхубзэр зэрагъэбзэрабзэр зэхэпха иужь гурыфIыгъуэ ин къует, лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ ущегъэгугъ.
1 октября, 2023 - 08:08
«Принт Центр» тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытохьэ «Заметки» проектым хыхьэ тхылъхэр. ИпэкIэ къыдэкIа тхылъийм теухуа тхыгъэхэр тетащ ди газетым, иджы щIэджыкIакIуэхэм яIэрыхьэнур ебгъуанэщ. Ар зэхэзыгъэувар Мамхэгъ Астемырщ.
1 октября, 2023 - 08:00
Адыгэхэм ди лъэпкъ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэм халъытэ ди фащэр. Ар дызэрыгушхуэщ, абы и щIэблэ куэдым лIэщIыгъуэхэм къыпхаха дахагъэщ, лъапIэныгъэщ. Ди адыгэ фащэр ауэ сытми щыгъыныгъуэ къудейкъым, атIэ ар фэилъхьэгъуэу къыхэзыхыр хущIокъу акъылыфIэу, нэмысыфIэу, пщIэрэ шыIэныгъэрэ хэлъу щытыну, фащэм а лъэпкъ щыпкъагъэ псоми ухуеущийри.
30 сентября, 2023 - 10:44
Мы махуэхэм Апсным щагъэлъапIэ 1992 - 1993 гъэхэм екIуэкIа Куржы-Абхъаз зауэр я текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 30 зэрырикъуар. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ а лъэпкъ махуэшхуэм и щIыхькIэ щIыналъэм Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI: зэхуэсхэр, гукъэкIыжхэр щыкуэд зэIущIэхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщщ Сыхъум дэт ЩIыхьым и парк фэеплъ щIыпIэм щекIуэкIа Iуэхугъуэри.
30 сентября, 2023 - 09:13
«Кавказ Ищхъэрэм и Россети» ПАО-м и къудамэ «Къэббалъкъэнерго»-м республикэм и жылагъуэхэм электрокъарууэ къагъэсэбэпар къызэрапщытэ Iэмэпсымэ «губзыгъэхэр» щыгъэувын щIадзащ.
29 сентября, 2023 - 14:55
Дунейм тетщ Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэу мелуани 2-м нэблагъэ. Абыхэм я процент 95-р иджыри къыздэсым яджакъым, ягъэунэхуакъым.
29 сентября, 2023 - 14:14
Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и щIыналъэр километр зэбгъузэнатIэ мини 10 мэхъу. Къэбэрдей жылагъуэхэм зэреджэр, абыхэм ятеухуахэр 1986 гъэм къыдэкIа, Мухъсин Субаши итха «Къайсэр и блэкIамрэ и нобэмрэ» тхылъым кърихыжауэ щытащ журналист, публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Страницы
|