Жылагъуэ

IэпэIэсэ

Гугъуэт-Иуан Бэллэ IэпэIэ-сэщ. Эпоксид сагъызым къы­хещIыкI хьэпшып цIыкIуфэкIу гъэщIэгъуэнхэр. Абы нэмыщI, къэлътмакъ зэрыхъахэр и IэдакъэщIэкIщ. IэпэIэсэным хуе­джакъым, атIэ езыр-езыру зы­хуи­гъэсэжащ. Пэжщ, абыкIэ куэ­ду сэбэп къыхуэхъуащ щы­цIыкIум и анэшхуитIым зы­хуагъэсауэ щытахэр. 

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

ПцIым фIым ухуишэркъым

КъБР-м щыIэ МВД-м экономикэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъ­хьэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэмрэ Урысей ФСБ-м и щIыналъэ управленэмрэ я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, илъэс 52-рэ зи ныбжь налшыкдэс цIыхубзым шэч хуащIащ ар гъэпцIагъэм пыщIауэ. 

Псалъэмакъ щхьэпэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Кавказ Ищхъэрэ институтым щезыгъаджэхэмрэ курсантхэмрэ ядригъэкIуэкIащ «Нэхъыщхьэм теухуа псалъэмакъхэр» дерс щхьэпэ. 

Бзэм хуэсакъым лъэпкъри ехъумэ

Адыгэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм пшыхь гуапэ ще­кIуэ­кIащ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр щагъэлъапIэу. 

Лимфомэм зыщыфхъумэ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэмрэ дохутырхэмрэ а уз шынагъуэр къыщыщIидза дыдэм деж къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэм зэпымычу топсэлъыхь. Мы зы гъуэгу ахэм гу лъыдагъатэ лъымрэ лимфэ системэмрэ лышхыр къызэреуэлIам и щыхьэт щытыкIэхэм.

ФокIадэм и 23-р Тхьэшхуэгухьэжщ

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

Мамыр гъащIэм хэпсэухьу щытыну!

Уэ - адыгэпсэ зыIутым, адыгэ хабзэр зи бзыпхъэм, зи блэкIам щыгъуазэм, зи къэкIуэнум щIэгупсысым, зи анэбзэр адыгэбзэм - фокIадэм и етIощIанэ махуэр уи махуэшхуэщ.

Ухуэныгъэ нэхъыщхьэхэр

Бжьыхьэ уэлбанэхэм щIимыдзэ щIыкIэ Псыхъурей къуажэм зыхуей щыхуагъэзэнущ уэшхыпсыр зрикIуэ кIэнауэхэр.

Къуажэдэсхэм псыр ящIэмыуэн папщIэ кIэнауэхэр и чэзум гъэкъэбзэныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Зыхуеину техникэхэмкIэ къызэгъэпэща, щIыналъэм и «Водоканал» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм пхъэнкIийхэр, кIэрыхубжьэрыхухэр, пшахъуэр, абыхэм я Iуфэхэри ягъэбыдащ, псыхьэлыгъуэр зэкIуалIэ псы зэхуэхьэсыпIэхэр зыгъэсея удзыжьхэри къыдагъэкъэбзыкIащ. Зи гугъу ящI кIэнауэхэм унагъуи 100-м нэс уэшхыпсым щахъумэнущ.

ЩытыкIэр ирагъэфIакIуэ

Къулъкъужын Ипщэ къуажэм иджырей мардэхэм тету зыхуей щыхуагъэзащ цIыхур зэфэну псыр къыщыщIаш щIыпIэхэмрэ псы хъумапIэхэмрэ.

Псыр зрагъэлъадэ, ар къыщихуу из щыхъуам деж лейр къызэрырагъэжыж пкъыгъуэхэр щIэуэ ягъэуващ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ къуажэдэсхэм зэпымыууэ икIи пэрыхьэту псы зэфэнумрэ зэрыIэбэнумрэ ягъуэтынущ.

«Псы къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу нэхъапэIуэкIэ мы жылэм и псы жапIэхэми зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр халъхьащ, псы хъумапIэщIэхэр щагъэуващ.

Псы зыщIагъэлъадэ щIыхэм хагъахъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2019 - 2023 гъэхэм республикэм псы зыщIагъэлъадэ щIыуэ къыщагъэсэбэп гектар мин 30,5-рэ, дызэрыт илъэсым абы хагъэхьа гектар мини 5,7-ри хэту. Къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу, федеральнэ, республикэ бюджетхэм къахэкIыу, къэрал дэIэпыкъуныгъэу а лэжьыгъэхэм хухахащ сом меларди 2,3-рэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ