22 сентября, 2023 - 12:07
Бжьыхьэ уэлбанэхэм щIимыдзэ щIыкIэ Псыхъурей къуажэм зыхуей щыхуагъэзэнущ уэшхыпсыр зрикIуэ кIэнауэхэр.
Къуажэдэсхэм псыр ящIэмыуэн папщIэ кIэнауэхэр и чэзум гъэкъэбзэныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Зыхуеину техникэхэмкIэ къызэгъэпэща, щIыналъэм и «Водоканал» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм пхъэнкIийхэр, кIэрыхубжьэрыхухэр, пшахъуэр, абыхэм я Iуфэхэри ягъэбыдащ, псыхьэлыгъуэр зэкIуалIэ псы зэхуэхьэсыпIэхэр зыгъэсея удзыжьхэри къыдагъэкъэбзыкIащ. Зи гугъу ящI кIэнауэхэм унагъуи 100-м нэс уэшхыпсым щахъумэнущ.
22 сентября, 2023 - 11:05
Къулъкъужын Ипщэ къуажэм иджырей мардэхэм тету зыхуей щыхуагъэзащ цIыхур зэфэну псыр къыщыщIаш щIыпIэхэмрэ псы хъумапIэхэмрэ.
Псыр зрагъэлъадэ, ар къыщихуу из щыхъуам деж лейр къызэрырагъэжыж пкъыгъуэхэр щIэуэ ягъэуващ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ къуажэдэсхэм зэпымыууэ икIи пэрыхьэту псы зэфэнумрэ зэрыIэбэнумрэ ягъуэтынущ.
«Псы къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу нэхъапэIуэкIэ мы жылэм и псы жапIэхэми зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр халъхьащ, псы хъумапIэщIэхэр щагъэуващ.
22 сентября, 2023 - 08:56
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2019 - 2023 гъэхэм республикэм псы зыщIагъэлъадэ щIыуэ къыщагъэсэбэп гектар мин 30,5-рэ, дызэрыт илъэсым абы хагъэхьа гектар мини 5,7-ри хэту. Къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу, федеральнэ, республикэ бюджетхэм къахэкIыу, къэрал дэIэпыкъуныгъэу а лэжьыгъэхэм хухахащ сом меларди 2,3-рэ.
21 сентября, 2023 - 12:57
Къэбэрдей-Балъкъэрым жылапхъэ нартыхум и куэдагъым иужьрей илъэситхум тонн мини 3-кIэ хигъэхъуащ, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ яIэу щытам нэхърэ.
21 сентября, 2023 - 10:52
Псы къабзэкIэ къызэрагъэпэщ
Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, щIы щIагъым псы къабзэ къыщIэзыш инженер ухуэныгъэхэр Лашынкъей къуажэм къыщагъэщIэрэщIэж. Псы зэфэнкIэ абы къызэрегъэпэщ жылэм щыпсэум и нэхъыбапIэр, цIыху 4000 хуэдиз.
21 сентября, 2023 - 09:50
«ЩIэныгъэр хьилымщ», – жиIэгъат адыгэ узэщIакIуэ Куп Исмел. ЦIыхум и дунейр щIэныгъэ защIэу зэхэлъщ, гулъытэ хэха щагъуэтым деж хьэлэмэту къызэрыкIыу.
20 сентября, 2023 - 07:31
Адыгэхэр щыпсэу къэралхэм ящыщщ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэр. Псори зэхэту ди лъэпкъэгъу унагъуэ минрэ ныкъуэрэ, цIыху миниплI хуэдиз, щопсэу а къэралым.
20 сентября, 2023 - 06:36
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIV зэIущIэшхуэм и пэ къихуэу, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм фокIадэм и 18-м къыщызэIуахащ «Зэныбжьэгъугъэм и лъэс лъагъуэр».
19 сентября, 2023 - 15:32
А тIур зэзэгъыркъым, сыт хуэдэ зэманми зэзэгъыу щытакъым. Пэжщ, дэ ди нэгу щIэкIащ фадэм и бий бэнэныгъэр егъэлеяуэ ягъэткIияуэ щыщыта лъэхъэнэри, тIэкIу нэхъ къыщагъэлэлари. ИкIи ар жылагъуэм и дежкIэ сыт хуэдэ щIыкIэкIи псэукIэр къэзылъахъэу екIуэкIащ.
19 сентября, 2023 - 15:24
Иужьырейхэм мэкъуауэгъуэм и 23-р адыгэ цIыхубзым и махуэу жаIэ хъуащ. НэгъуэщIу, Сэтэней и махуэкIи йоджэ. Сэтэней жыхуаIэр нартхэм упщIэжэгъу яхуэхъурэ и IущагъкIэ Нартейм къыщащIэу хъищэхэм къыхэщ гуащэр аращ. Сэтэней гуащэрэ Сэтэней и махуэ жыхуаIэмрэ сыт зэхуаIуэху?
Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщкIэ» йоджэ. Аращ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэрэ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэу илъэсым хэтыр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэсыркъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-хэм щхьэкIэ уэлбанэкIэ жэщищ жаIэрт. Абы иужьт гъэмахуэр къыщихьэр.
Страницы