ЩIалэгъуэ

Адэм и уэсят

Ущие
 

Анэшхуэм и хъыбархэм щыщ

Адэшхуэ-анэшхуэхэм я жьауэм щIэту къэхъу сабийм и насыпщ. Сэри Тхьэ закъуэм къысхуигъэфэщат апхуэдэ насып.

Дадэ-нанэхэм жаIэж хъыбархэм ущIэдэIуу пщыхьэщхьэкIэрэ жыг щIагъым ущIэсыну сыт и уасэ?! Си нэр згъэупIэрапIэмэ, зыгуэр дэзгъэхункIэ сышынэу, сыщIэдэIурт абыхэм я хъыбар телъыджэхэм.

ДагъэIущырт, даущийрт. Уэ сыт ухуейми жыIэ, адакъэхэр Iуэуэ, нэху щыным зымащIэ дыдэ фIэкIа имыIэжу ди напIэ зэтетлъхьэу арат!

Сабиигъуэ... Сыту зэман телъыджэ. Таурыхърэ хъыбарыжькIэ гъэнщIа зэман дахэ...

Неслихан адыгэлъ зэрыщIэтым фыщыгъуазэ?

Тырку къэралыгъуэм и актрисэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэу мы зэманкIэ къалъытэ Атагюль Неслихан и адэр адыгэщ, и анэр урысщ. 

Гуапагъэр бгуэшыхукIэ мэбагъуэ

Iуэху гуапэ пщIэхукIэ, псэм гурыфIыгъуэкIэ зегъэнщIри, пщыз хъуа гуапагъэмкIэ аргуэру уогуашэ! БгуэшыхукIи нэхъри мэбагъуэ фIыр. Ар ягъэунэхуащ «Ппэгъунэгъум дэIэпыкъу» сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм.

ЗэшыпхъуитI

БабыщитIыр зы анэ къришауэ зэшыпхъут, зэщIыгъут фIыуэ зэрылъагъуу, зэмыгъусэу щыплъагъу къэхъуххэртэкъым. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, гъатхэр къыщысым, тIури мэкIэцIри мэгъуэлъхьэж, я Iуэху зэхэмылъыжу.

IэщIагъэр псэкIэ къыщыхэпхкIэ…

Сабиигъуэм деж плъагъумрэ зэхэпхымрэ нэхъ гукъинэж хъу хабзэщ, цIыхум и хьэл-щэныр зэфIэувэнымкIи абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ.

Дэгубэ (Догуаб)

Апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Геленджик (Хъулъыжъый, ХьэфIыцIей) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэм ящыщу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэм. 

Псэм и хадэ

Теплъэгъуэ

ГъущI зэщIэблэкIэу абрагъуэ

ЩIэныгъэм и лъэныкъуэ псоми тепсэлъыхь Nature Scientific Report къэрал зэхуаку журналым иджыблагъэ къытехуа тхыгъэхэм ящыщ зым зэритымкIэ, «ди планетэм цIыхухэр тебзэхыкIыжыным къэнар илъэс 20-40 къудейщ». 

ЗэгъэзэхуэкIэм хуаущий

Илъэс къэс Урысейм щокIуэкI сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ахъшэм и зэгъэзэхуэкIэм хуэгъэсэным теухуа Iуэхухэр. 

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ