ЩIалэгъуэ

Партизан хуей

Кавказ Ищхъэрэ–КъухьэпIэ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ ирикIуэн зыфIэфIхэр я бжыгъэкIэ мыкуэдми, нэхъыщхьэр аракъым, атIэ апхуэдэ нэгузегъэужьыкIэм дихьэхахэр зэрыщыIэрщ.
Гуп цIыкIу дыхъуу илъэс зыбжанэ ипэкIэ а лъэныкъуэмкIэ дызэрежьам и гугъу тщIынщ. Адыгейм пхрыкI лъагъуэхэмкIэ хы ФIыцIэ Iуфэм дызэрыкIуэфынум щыгъуазэ щIалэхэм а щIыналъэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм иужьрей дыдэу къыдэс Гъуазэрыплъ и къуажэкIэм деж узыщыхуэзэ хуейм щыдгъэува чэтэн унэ цIыкIухэм жэщ щитхащ.

Псэр зыхуэусэр

         «Еханэ классым сыщIэсу, Къулъкъужын къуажэм и курыт еджапIэ № 4-м IэпщэрыбанэмкIэ гупжьей къыщызэIуахати, абы илъэскIэ сыхэтауэ, ещанэ школым пшынэ еуэным щыхуагъасэу зэхэсхат, - жеIэ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Мэремкъул Ибрэхьим. - Си къуэшхэу Жыгун Эдуардрэ Мэремкъул Ренатрэ абы кIуэрти, хъыбар къызагъэщIащ сэри я гъусэу сыкIуэну. Пэжыр жыпIэмэ, спортым нэхърэ ар нэхъ сфIэгъэщIэгъуэн хъужри, куэдрэ сымыгупсысэу арэзы сыхъуат. Гупжьейм цIыху 20-м хуэдизым кIуэн щIэддзами, илъэс нэужьым къэнэжар цIыхуищт. Ахэри - дэ зэкъуэшищрат.

ЗэкIужахэщ

(Ущие зыхэлъ тхыгъэ)

Абы и кабинетым къыщыIуащ куэд щIауэ зэса телефон къеуэ макъыр. АбыкIэ мыплъэу, и Iэ ижьыр ишийри, трубкэр къытрихащ:

- СынодаIуэ.

- Си псэм хуэдэ, кхъыIэ, къакIуэ. Си Iуэхур щIагъуэкъым, сызэрыхъур сщIэркъым… КъакIуэ, псори пхузогъэгъу…

- «Пхузогъэгъу» жыпIа? Уэ пщIэуэ пIэрэ, дахэ цIыкIу, псомкIи къуаншэр уэрауэ зэрыщытыр?!

- Сэри?

- Хьэуэ, уи анэшхуэращ!

- Си псэ…

- Сэ сыхущIыхьэркъым.

Адыгэпсэ

IуахущIафэ дахэрэ акъыл жанкIэ адыгэ щIалэгъуалэм къахэувахэм ящыщщ Мэшыкъуэ ФатIимэ. Ар къулыкъущIэ ныбжьыщIэщ - федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм налогхэмкIэ и инспекторщ, пшынауэщ.

Щхьэц телъэщIа

ГукъэкIыж
Радиокомитетым сыщылажьэу, си ныбжькIи еуэ-езгъэшхыу лIыкуфIым себэкъуауэ, ауэ чыцIыбжьэри фIэмыкIыпауэ жозыгъэIэ гуэрхэри къытхэнауэ, бжьыхьэу Тэрч адрыщI мыIэрысэпыч колхоз гуэрым дашащ. Я районти, езы ди Iэтащхьэ Дыду дыдэри тщIыгъут. Пхъэщхьэмыщхьэ хадэ бэвым дыдихьэхри, зэхьэзэхуэнри къытхэхъыжьауэ еткъутэкIыу дыздыхэтым, махуэ уэфI хъарзынэм жьапщэшхуэкIэ зыкъызэкъуихри, жыгхэр къиудыныжу щIидзащ. ДызылъэмыIэсу жыг щхьэкIэм къыпына мыIэрысэ нэхъ нэфIэуфIэхэр къытхуезыгъэщэщэх жьым фIыщIэ хуэтщIурэ дылажьэрт.

Гъуазэрыплъ къуажэкIэм

Мы тхыгъэм ипэ къихуэу дэ кIэщIу щыгъуазэ фыхуэтщIащ адыгэхэм я хэкужь Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зыплъыхьакIуэ тIэунейрэ дызэрыкIуам. Зыгуэрым жиIащ: «Уэрэ сэрэ дэнэ дыщы-псэур? Кавказ къудейракъым, пэжкъэ? АдыгэщIщ...»

Ядэтлъэгъуа лIыгъэр дгъэщIэгъуащ

Ди адэ шыпхъум и къуэ нэхъыжь Уэлджыр Зауррэ сэрэ Адыгейм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ дыкIуат.

Бегъымбарымрэ лIыжь цIыкIумрэ

(Ущие зыхэлъ тхыгъэ)
Бегъымбарымрэ зы лIыжь цIыкIурэ гъуэгу зэдытехьащ. Бегъымбарым и къэлътмакъым зы щIакхъуэрэ бдзэжьей цIыкIуитIрэ илът, лIыжь цIыкIум и ейм - щIакхъуитI. «ДетIысэхынщи, зыдгъэпсэхунщ, тIэкIуи дедзэкъэнщ», -  жаIэри къэувыIащ. Бегъымбарыр псыхъуэм дыхьэри, шэджагъуэ нэмэзыр ищIыну тIысащ. ЛIыжь цIыкIум, бегъымбарыр къэтыху, и къэлътмакъым илъыр зригъэщIащ. «Ей-ехь, мыбы зы щIакхъуэщ иIыгъыр, си зы щIакхъуэр лейуэ хэзгъэкIуэдэнкъым», - жиIэри, и щIакхъуитIым языр псынщIэу ишхыжащ.

КъэкIуэнур зейхэм ящыщщ

 Инджылызым и Манчестер къалэм и университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэту а къэралым  лэжьэн щыщIэзыдза адыгэ пщащэ ФиIэпщэ Аидэ нобэ ди псэлъэгъущ.

ЕпцIыжакIуэхэр

ГъащIэ теплъэгъуэ

Гъэмрэ щIымрэ я зэхэкIыгъуэт. Махуэ зыбжанэ хъуауэ, гъэр къигъэпасэу, уэфI дахэт. Ноби апхуэдэт. Пщэдджыжь шей ефэгъуэр фIэмыкIами, гъатхэ дыгъэр щIыфэм къедэхащIэрт. Бэч къэблэмэмкIэ маплъэ. Уафэм щIэгъэкъуа уэсылъэ бгыжьхэм бзийхэр гуапэу тоджэгухь, мылылъэ ткIужхэр щIыпIэ куэдым щызэхыхьэжурэ Iэуэлъауэу къеукIуриех-кърилъэсэххэм Урыхужь ягъэутхъуэ. КъибыргъукIыу къех псым и шхыдэ макъым щIэдэIуурэ, къызыдэкIа къуажэжьыр Бэч и гум къыпедзэ.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ