ЩIалэгъуэ

ТпэIэщIэ къытфIэщIми

Астрономхэр куэд щIауэ йогупсыс уахэ жыжьэм ит вагъуэ бжыгъэншэхэм ящыщ гуэрхэр ди Дыгъэм и къэухьым гъунэгъу зыкъыщыхуащIкIэ къэхъунур зыхуэдэм.

Лэскэн – и тхыди, и щIыуэпси удэзыхьэхщ

Хэти щыгъуазэщ, адыгэхэр иджыпсту зытес щIыналъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэжым я адэжьхэр тепсэукIыу зэрыщытами, а щIыгум щыщу, лъэхъэнэ кIэщI дыдэм къриубыдэу, ди гъунэгъу лъэпкъхэм лъагъэсар зыхуэдизми.
Адыгэм и лъэм хуиту зыщиукъуэдийуэ щыта щIыналъэхэм ящыщщ ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ-Аланием и иджырей губгъуэ-сэтейхэри, абы ищхьэжкIэ щыIэ къущхьэ жьанэхэм я къыдэкIыпIэхэри. Тхыдэм набдзэгубдзаплъэу ириплъэж дэтхэнэми и нэгу къыхущIэгъэувэжынущ ди лъэпкъым и къуажэ бжыгъэу а Iэхэлъахэм исар зыхуэдизри…

Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ

1999 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м ООН-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министрхэм я дунейпсо конференцу Лиссабон щригъэкIуэкIам къыщащта унафэкIэ 1998 гъэ лъандэрэ ЩIалэ­гъуалэм я дунейпсо махуэр ягъэлъапIэ. 

ЗэкъуэшитIым хуэдэу зэбгъэдэтт

Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ тхыдэм и щIэину ди нобэми щыIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн зи щIасэхэр Мейкъуапэ ищхьэкIэ щыIэ бгыщхьэ къуажэ Гъуазэрыплъ ды­къыIукIащ.

Псэм и лъахэм

Тхыдэм аддэ жыжьэу къыщежьэ я къуэпсыжьхэмкIэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ (азгъэхэмрэ – адыгэхэр абхъазхэм мыпхуэдэуи йоджэ) зэрызэблагъэр гурэ-псэкIэ къозыгъащIэ хуэмэбжьымэхэм «яжь» къыщысщIихуну махуэм сэ куэд щIауэ сыпэплъэрт.

Кавказым и теплъэ телъыджэр

Ди республикэм тхьэмахуэм нэскIэ щекIуэкIащ «Урысейм и Кавказ щIыналъэр зыдогъэцIыху» фIэщыгъэр зиIэ ещанэ форумыр. Абы хэтащ къэрал 15-м щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм я лIыкIуэхэр.

Зэхуэсыр къызэзыгъэпэщар Къэрал зэхуаку зэхущытыкIэхэмкIэ Москва дэт институтымрэ (МГИМО) Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэщ. Форумым къекIуэлIащ Сирием, Венгрием, Тыркум, Ираным, Белоруссием, нэгъуэщI къэралхэми щыщ студентхэр. ЩIалэгъуалэ зэхуэсым апхуэдэу хэтащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм къикIа хьэщIэхэри.

Къущхьэ зэIухуэпхъыу нэр зыгъэгуфIэм

Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн зи щIасэхэр Мейкъуапэ ипщэкIэ щыIэ бгыщхьэ къуажэ Гъуазэрыплъ дыкъыIукIыжа иужь, Щхьэгуащэ псыхъуэ дыкъыдэкIри, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщежьэ Хьэкхъуафэпс иригъэщIа къуэ бгъунжым дыдыхьащ.

ЕхъулIэныгъэм узэрыхуэкIуэ щIыкIэр

Химие щIэныгъэхэм я кандидат, Урысейм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Къуэкъуей (Алмэ) Анетэ Къармэхьэблэ къуажэм къыщыхъуащ, Къэхъун унагъуэу щопсэу. КъБКъУ-мрэ медицинэмкIэ колледжымрэ щолажьэ. Анетэ и IэщIагъэр фIыуэ щIилъагъум, химие щIэныгъэм гъэщIэгъуэну хэтхэм тыдогъэпсэлъыхь.

КIэрэф Iэминэ:ГъэщIэгъуэнщ си лэжьыгъэр

КIэрэф Iэминэ экономист ныбжьыщIэщ, «Банк «Нальчик» ООО-м и лэжьакIуэщ. ФIы­уэ зыхэгъуэза и IэщIагъэм гурэ псэкIэ пэрытщ, зэрыжиIэмкIи, абы гъащIэм къы­щыхуэсэбэп куэдми хуегъасэ. 

Тхылъ плъыжьхэр зратыжахэр

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш универси­тетым иджыблагъэ щекIуэкIащ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэзыгъэгъуэта, фIы дыдэу еджэу тхылъ плъыжьыр къэзылъэща бакалаврхэмрэ магистрантхэмрэ я гъэфIэж пшыхь дахэ.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ