|
Спорт
22 октября, 2021 - 12:10
Ейск къалэм дэт «Солнечный» спорт комплексым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ «А» класс зиIэ зэхьэзэхуэ. БэнакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м щIыхь зиIэ спортым и мастер Поддубный Иван къызэралъхурэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлэIу къызэрагъэпэща фэеплъ зэхыхьэм хэтащ Адыгэ, Дагъыстэн, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Къэбэрдей-Балъкъэр, Кърым, Къалмыкъ, Шэшэн республикэхэм, Ямало-Ненецкэ автоном округым, Мэзкуу, Волгоград, Севастополь, Кранодар, Дон Iус Ростов къалэхэм, Мэзкуу областым къикIа спортсменхэр, псори зэхэту 150-м щIигъу.
21 октября, 2021 - 11:42
Дыгулыбгъуей къуажэм пэгъунэгъу уэхым щекIуэкIащ «Джэдыкъуэ плъыжь - 202I» шыгъажэмкIэ зэхьэзэхуэ.
20 октября, 2021 - 14:55
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкыр» Таганрог щыIущIащ «Форте» -м. Ар нэхъри хьэлэмэт ищIырт хьэрхуэрэгъухэм зэрахэтым нэхъапэм ди командэм и пашэу щытахэу Пащты Русланрэ Машэжь Ратмиррэ. А тIуми хъарзынэу зыкъагъэлъэгъуащ.
19 октября, 2021 - 05:17
Тырныауз къалэм дэт спорт комплексым щекIуэкIащ зи къулыкъур езыхэкIыу хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъу каратэмкIэ щIыналъэхэм я зэдай зэхьэзэхуэ.
17 октября, 2021 - 11:31
Грознэ къалэм дэт «Рамзан» футболымкIэ академием иджыблагъэ щекIуэкIащ топ джэгуныр зи IэщIагъэу щымытхэм я «Чемпионхэм я лигэ» урысейпсо зэхьэзэхуэ.
14 октября, 2021 - 08:50
Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футбол академиехэмрэ спорт школхэмрэ я ныбжьыщIэ командэхэм я зэхьэзэхуэр иухащ. Ди республикэм щыщу Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм хэтащ Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ олимп резервым и школ хэхар, «Спартак-Налшык» ПФК-р, «Школа №3I-ФШ «Налшык» командэр.
13 октября, 2021 - 12:20
ФНЛ-м и етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу тхьэмахуэ кIуам «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р. Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм зэкIэлъхьэужьу къыщыкIуэ командитIым я зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къыщIадзащ. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм къыкIэлъыкIуэ контратакэр къыпэджэжу бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэжьат гупхэм.
10 октября, 2021 - 09:22
Илъэс 12 лъандэрэ къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ командэр Урысей Федерацэм футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм и ещанэ дивизионым и гуп щхьэхуэм и чемпион хъуащ. 2009 гъэм гупым пашэныгъэр щиубыдат «Малка»-м.
6 октября, 2021 - 12:03
Дон Iус Ростов щекIуэкIащ «Кубок Дона» тхэквондомкIэ урысейпсо рейтинг зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа спортсмен 500-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
Щызэуа гупхэм дыщэ медалхэр щызыIэрагъэхьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 33-рэ), Усен Дамир (кг 41-рэ), Ахъмэт Борис (кг 78-рэ) сымэ. Абыхэм я хьэрхуэрэгъу псори хагъэщIащ.
6 октября, 2021 - 11:41
Мы махуэхэм Майкъуапэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ Урысейм и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 6I-м къикIа спортсмен 530-рэ. «Къуэблэ Екъуб» спортымкIэ уардэунэм щызэхэта зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэми.
Зи хьэлъагъыр килограмм 66-м нэблагъэхэм я гупым шэч къызытумыхьэн текIуэныгъитху. Абыхэм ящыщу 4-м хухаха зэманыр и кIэм нэмысу, къыщызыхьа Балъкъэр Алим Урысейм и чемпион хъуащ.
Страницы
|