Щэнхабзэ

БаIуэ нэхърэ - бащIэ

Адыгэбзэм иджырей грамматикэ (бзэхабзэ) къупхъэхэр зэригъуэтрэ тхыдэ лъэхъэнэкIэ уеплъмэ, ды­гъуа­сэ хуэдэщ, ауэ гъащIэм ебгъапщэмэ, зы цIыху гъащIэщ къикIуар - илъэсищэ ирикъуакъым. Ныкъу­саныгъи, зэмыпэщ Iуэхугъуи, щы­щIэныгъи иджыри къыздэсым хэлъщ - ар Iуэхум и зы лъэныкъуэращ. Зы цIыху-цIыхуитIкIэ зэи лъэпкъ псом я бзэхабзэ дагъуэншэу зэфIэгъэува хъунукъым. Абы лъандэрэ зэфIэхыжыпхъэIами, ипIэ ­игъэзэгъэжауэ щытамэ, иджыпстурей IэнатIэм деувэлIэнутэкъым.

Адыгэ лъэпкъ театрым и гуащэ

Лъэпкъ Iуэху зыгъэкIуатэ, абы зезыгъэузэщI, зэчий зыбгъэдэлъ, фIыщIэрэ щIыхьрэ къэзылэжь цIыхухэм я гугъу щыпщIкIэ, плъэмыкIыу уопIейтей, зыгуэркIэ хуэфащэ псалъэхэр къэзмыгъуэтмэ, и ехъулIэныгъэхэм ящыщ гуэр гулъытэншэу къэзгъанэмэ, жыпIэу.

Согуэ Данил и уэрэдхэр

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIыр зэхыуагъэхыу
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Нэгъуей таурыхъхэм федаIуэ

ГъэщIэгъуэнщ нэгъуейхэр. ЗэрыжаIэщи, IэмыщIэ из фIэкIа хъуркъым, ари икъухьащ - Дагъыстэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэным, Ингушым. Куэд щIакъым нэгъуейхэр лъэпкъ щхьэхуэ зэрыхъурэ, епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм - тэтэр хъанхэм я хьэмтетыгъуэм - къыдыщIедзэ. Я лъэпкъым зэреджэ хъуари хъан Нэгъуей и цIэращ. Арауэ къыщIэкIынущ я жьэрыIуатэ творчествэ къулейм хъанхэр хъушэу щIыхэтри. А хъанхэр езыхэр лажьэртэкъым, нэгъуейхэм къалэжьыр яшхыу дунейм тету арат. Нэгъуейхэр властри тетыгъуэри зыIыгъ хъанхэм зэрапэлъэщын щыIэтэкъым Iэмалрэ хьилагъэкIэ фIэкIа.

Шэшэн таурыхъхэр

Зи гугъу тщIыхэр Кавказым и лъэпкъыжьхэм ящыщщ. Ар Урысей империем щыхыхьар 1859 гъэращ, я хэкури лъэпкъри зауэ гуащIэхэм къарууншэ ящIа нэужь. Советхэм я зэманым шэшэнхэм автономнэ область (1922 гъ.), автономнэ республикэ (1936 гъ.) статусхэр яIащ. 1992 гъэ лъандэрэ Урысей Федерацэм хэт республикэщ.
Шэшэнхэр зэрызэджэжыр нохъучийщ. Абыхэм я бжыгъэр мелуаным щIегъу, нэхъыбэр щыпсэур я хэкущ, ауэ нэгъуэщI къэралхэми щыIэр мащIэкъым, Урыс-Кавказ зауэмрэ 1944 гъэм шэшэнхэр я лъапсэ ирашауэ зэрыщытамрэ къыхэкIыу.

Вагъуэхэмрэ мазэ ныкъуэмрэ

Анкара Тыркум и къалащхьэ къу­дейкъым, атIэ мэжджыт инхэм ящхьэщыт мазэ ныкъуэхэмкIэ уафэгум зыхуэзыIэт щыхьэрщ. Куэд уигу къе­гъэкI а муслъымэн дамыгъэм, куэ­дым урегъэгупсыс вагъуэмрэ мазэ ­ныкъуэмрэ зэрызэхьэлIам... Си щхьэм къищхьэрыуа гупсысэр пшагъуэ кIыфI щIыIэу псэм тегъуалъхьэу, аргуэру си нэгу къыщIэувэну къыщIэкIынт зи гъащIэр хамэщIым щыункIыфIа ди ­хэкуэгъу нэхъыжьхэр, ауэ зы  тэлайкIэ щыма Айхьан, гуейщеин зэрыщIэздзэм гу лъита - псалъэмакъыр нэгъуэ­щIыпIэкIэ триIуэнтIэж хьисэпу, къэп­сэ­лъащ:

Япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор Батырбэч и къуэр псэужамэ,  мы гъэм илъэс 88-рэ ирикъу­нут. Ар ­Бахъсэн ­районым хыхьэ Куба къуажэм 1932 гъэм къыщалъ­хуащ.

КъардэнгъущI зырамыку и адыгэ гушыIэхэр

КъардэнгъущI Зырамыкурэ Гъут Iэдэмрэ. 1988 гъэ

«Насыпыр щхьэтепхъуэ пхуэсщIащ»

Ар и фIэщыгъэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджы дыдэ къыщыдэкIащ Зеикъуэ къажэм щыщ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Щоджэн Риммэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъыр.

Гупсысэр зэи илъахъэркъым

Лъахэм хуэпэж цIыхур сыт щыгъуи ­лъа­гъуныгъэ гуащIэкIэ епхащ щалъхуа щIыпIэм. И къуажэр абы и гум щыхы­хьа, Iэпкълъэпкъ  псом  щыпкърыхьа гуры­щIэрщ Хэкум хуищI лъагъуныгъэшхуэм хэкIыпIэ хуэхъури.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ