|
Щэнхабзэ
29 апреля, 2020 - 05:05
IуэрыIуатэ къулей къадогъуэгурыкIуэ абазэхэм - нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, пасэрей уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, псалъэжьхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ныбжьышхуэ яIэщ, лъэпкъ фащэкIэ гъэпсащ, купщIафIэщ. Абазэхэм я гъунэжщ, псалъэм папщIэ, таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ - щыгъуазэ фыдощI апхуэдэ зыбжанэм.
Абазэхэмрэ адыгэхэмрэ зэблагъэ дыдэщ - я бзэкIэ, я щэнхабзэкIэ, я лъэпкъ хабзэхэмкIэ, аращ я IуэрыIуатэм зы купщIэрэ зы гъэпсыкIэрэ щIаIэр.
Хы Iуфэм Iусащ абазэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ, 13-нэ лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ бгым къыщхьэдэхыурэ адыгэхэм нэхъри гъунэгъу къахуэхъуащ.
24 апреля, 2020 - 05:10
Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур 1976 гъэ лъандэрэ Москва къалэм щолажьэ. Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ музыкэ академиер къиухащ. Союзпсо, Урысейпсо зэпеуэхэм я лауреатщ. Совет Союзым хэта республикэхэм я мызакъуэу, Бельгием, Германием, Израилым, Индием, Иорданием, Италием, Польшэм, Словакием, Словением, США-м, Тыркум къыщацIыху.
17 апреля, 2020 - 05:17
2019 гъэм Урысей телевиденэм и Япэ каналым иригъэкIуэкIа «Макъ» («Голос») зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ныбжьыщIитI хэтащ: Бэрбэч Аскэррэ Мамрэш Светланэрэ.
15 апреля, 2020 - 05:08
«Газета Юга»-м и корреспондент Орловэ Ольгэ щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, урыс усыгъэм и «Дыжьын лъэхъэнэм» хиубыда, езым зэхилъхьэжа икIи игъэзащIэ уэрэдхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа нэужь, зэрымыщIэкIэ Урысейм иIэпхъукIыу иужькIэ къэзыгъэзэжа артист, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ Вертинский Александр зэгуэр Налшыки щыхьэщIащ. «Къалэр къызэрыгуэкIщ. ХьэщIэщыр щIагъуэкъым, ауэ си пэшыр къабзэщ, псыи уогъуэт», - хуитхырт и щхьэгъусэм 1948 гъэм Владикавказ концерт щита нэужь, «биплан» жыхуаIэ кхъухьлъатэ цIыкIумкIэ Налшык къаша Вертинскэм.
25 марта, 2020 - 05:15
Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт, ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым, Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм, и гъэсэн Джэху Элинэ пашэ щыхъуащ къэралпсо зэпеуэм.
18 марта, 2020 - 05:10
Зэгуэрым, ижь-ижьыжкIэ узэIэбэкIыжмэ, хъумпIэцIэджым щIымахуэр щIы щIагъым щигъэкIуа нэужь, гъатхэр къыщыблагъэм, и гъуэм къипщыжыну иужь ихьащ, ауэ абдеж щылъ удзыр зэран къыхуэхъурт.
5 марта, 2020 - 05:15
Даутокъуэхэ я лъэпкъыр щыцIэрыIуэщ Къэбэрдейм и тхыдэм - Хьэжмурат, Заурбэч, Хьэсэнбий. Абыхэм я адэшхуэр Щхьэлыкъуэ дэкIри, Мэздэгу и Iэшэлъашэм щыпсэуащ, аращ къыщалъхуар зэшхэр - Луковскэ жылагъуэм. Щыми дзэм къулыкъу щащIащ, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ я гъащIэр ятащ.
Хьэжмуратрэ Заурбэчрэ усакIуэуи щытащ. Заурбэч и зы усэщ («Къэбэрдей») зэкIэ дызыщыгъуазэр. Хьэжмурат и усыгъэ нэхъыбэ къызэтенащ, щыгъуазэ фыдощI абыхэм (адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ).
14 февраля, 2020 - 05:07
Сонэ Абдулчэрим Къадир и къуэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ 1942 гъэм мазаем и 28-м. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, 1961 - 1964 гъэхэм Налшык станкозаводым щылэжьащ.
12 февраля, 2020 - 05:05
Налшык дэт «Акрополь» щэнхабзэ-нэгузыужь IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн республикэхэм я цIыхубэ артист Тут Заур и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа «Мелодии моей судьбы» тхылъым и лъэтеувэ пшыхь гуапэ. Ар иджыблагъэ Москва къыщыдигъэкIащ усакIуэ Гольцевэ Аллэ.
29 января, 2020 - 05:10
Дунейм цIыхуу тетыр расэ зэмылIэужьыгъуэу зэщхьэщедз, зэрытщIэщи: европеиднэ, негроиднэ, монголоиднэ, американоиднэ, австрало-веддоиднэ, къинэмыщIхэри.
Страницы
|