Щэнхабзэ

Уэрэдыр зи дамэ

Япэ урысейпсо каналым къызэригъэпэща «Голос. Дети» проектым 20I7 гъэм телъыджэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа икIи етIуанэ увыпIэ къыщызыхьу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я «вагъуэ цIыкIу» хъуауэ щыта уэрэджыIакIуэ Хекилаевэ Денизэ нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэм ди гуапэу я гугъу фхудощI.

Адыгэр куэдым къарегъэцIыху

Адыгэ къэрал университетым и «Нарт» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 35-рэ ирикъуащ. А пIалъэм къриубыдэу къэфакIуэ гуп цIэрыIуэм ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. Ансамблым зыкъыщигъэлъагъуэр Адыгэ Республикэм и закъуэкъым, атIэ Урысейм и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыIащ, апхуэдэуи хамэ къэралхэм  щитащ концерт. 

Си къежьапIэ

Уафэ нэзыр пшэм щимыгъэпщкIу махуэ бзыгъэхэм дыгъэ къухьэпIэмкIэ уплъэмэ, пшэхэм я зекIуапIэ уафэгум лъэIэсрэ жыпIэу уолъагъу зи щыгур махъшэ сыджу дыкъуакъуэ Iуащхьэ абрагъуэ, мылгъурыджей мыткIужхэм я афэ быдэм зэщIиIулIауэ. Ар Iуащхьэмахуэщ. Уэс къабзэ зытелъ бгы уардэхэм я лъапэхэм дежщ Бахъсэныпсым и къежьапIэр. Псым жапIэ къигъуэтурэ лъагъуэ хишам дэту къожэх, абы псыIэрышэ бжыгъэншэхэр къыхэлъадэурэ нэхъ ин мэхъу. Тыншкъым абы и гъуэгуанэр.

Колизей

Италием и Колизей амфитеатрыр дуней псом и архитектурэ фэеплъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Илъэс минитIым щIигъуауэ а тхыдэ фэеплъыр цIыху мелуанхэм я кIуапIэщ. КъыжыIапхъэщ, Налшык къалэм а фэеплъым и фIэщыгъэрэ теплъэмрэ зиIэ шхапIэ зэрыщыIэр.

Шу лъагъуэри гъущI гъуэгури

УФ-м и Къэрал Думэм иджыблагъэ урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. ДяпэкIэ хамэбзэм къыхэкIа терминхэу урысыбзэм мыхьэнэгъу щызиIэхэр къагъэщхьэпэу ядэжынукъым.

Лъэпкъым и дахагъэр къегъэлъагъуэ

Сыт къафэр зищIысыр? Къафэр - ар цIыхубэ гъуазджэщ. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым и псэр, и дахагъэр. Дэтхэнэ зы лъэпкъми иIэщ къафэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ. Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэщ. Ахэр лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щыIэкIэ-псэукIэр къэзыгъэлъагъуэщ. Ауэ дапщэщ, сыт щыгъуэ, дэнэ цIыхухэр къафэу къыщежьар, япэу къезыгъэжьари хэт? ИIэу пIэрэ а упщIэхэм жаэуап пыухыкIа? Абы теухуауэ Уэрыш Нурхьэлий еплъыкIэ гъэщIэгъуэн иIэщи, абы фыщыдогъэгъуазэ.

Литературэ зэхуэсыпIэм и япэ лъэбакъуэхэр

Налшык къалэм и библиотекэм и лэжьыгъэр литературэ уэршэрхэр, щIэныгъэ псалъэмакъхэр щекIуэкI зэхуэсыпIэм ещхьу дяпэкIэ екIуэкIынущ.

Хабзэр фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэрт

ЩIэныгъэлI щэджащэхэм, хамэ къэрал къэхутакIуэ цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэ куэдым зэрыщаубзыхуащи, адыгэ лъэпкъыр нэхъыжь дыдэхэм, хабзэ дахэ, нэмыс лъагэ, хьэл-щэн екIу, лIыхъужьыгъэ ин зыхэлъ, зи адэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъу, абы папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъ гъуэзэджэщ.
Пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэм пщIэ лей хуащIу, зэрахуэфащэу ахэр ягъэзащIэу, хабзэщIэкъухэм унафэ яхуэхъуу, фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэу щытащ.

Бэлагъы Любэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ траухуэ

Адыгэ усакIуэ, литературэдж, журналист, зэдзэкIакIуэ, кинопродюсер, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «СИФФА» урысей-британие международнэ кинофестивалыр къызэзыгъэпэща икIи абы и президент Бэлагъы-Къандур Любэ Хьэзрэталий и пхъур илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм.

Жэуаплыныгъэр къыщежьэр

Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэдым гъащIэм ущрохьэлIэ. Уахуозэ зи бзэкIэ мыпсэлъэжыфхэми, мытхэфхэми, уеблэмэ ар къызыгурымыIуэхэри щыIэщ. Апхуэдэхэр мымащIэу къытхэтщ адыгэхэми. А Iуэху мыщхьэпэм щхьэусыгъуэ хуэхъум теухуа и  еплъыкIэр къытхуиIуэтащ илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа Табыхъу Ларисэ:

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ