Щэнхабзэ

Зыми емыщхь миссис Севидж

ЖьакIэмыхъу КIунэ Джон Патрик и «Странная миссис Сэвидж» пьесэ цIэ­рыIуэм ехъуапсэрт. Ар ди театр утыкум кърихьэну и нэ къыхуикIыу, абыкIэ цIыхуу щыIэм яжриIэфынум къару ­къыхилъхьэу гукIэ зыкъомрэ игъэ­-фIащ.

Сымаджэ «къиинхэм» еIэзэхэр

Республикэм и Наркологие диспансерым щекIуэкIащ 2022 гъэм зэрылэжьар къыщапщытэж зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.

И зэфIэкIым зрегъэужь

Музыкант, композитор, цIыхубэ уэрэдхэри езым итхыжахэри зыгъэзащIэ Мэршэнкъул Астемыр и творчествэр удэзыхьэхщ. Мы зэманым ар и альбомым йолэжь, фильмхэмрэ спектаклхэмрэ макъамэ яхуетх, нэгъуэщI Iуэхухэми яужь итщ.

«Эдельвейсыр» пашэ мэхъу

Налшык къалэм и «Эдельвейс» къэфакIуэ ансамблыр щытекIуащ Железноводск щекIуэкIа «Танцы плюс» международнэ зэпеуэм.

Вы бжьакъуэм къыхащIыкI дахагъэ

«Гъуазджэм сыдезыгъэхьэхар, ар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар дадэщ - КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф. Сызэрысабийрэ абы сыдэплъейуэ сыкъэхъуащ, зэпымыууэ слъагъурт ар езыр творчествэм зэрыхущытыр, ар зэригъэлъапIэр. Сыт щыгъуи сиущийрт, IэщIагъэр гум дыхьэу, дэрэжэгъуэ къуиту къыхэхын зэрыхуейр къызжиIэу. IэпщIэлъапщIагъэр къыхэсхащи, къапщтэмэ, зыгуэрым семылэжьу зы махуэ дэкIамэ, абы сыхуэзэшу щIызодзэ. Ар апхуэдэу щымытмэ, узыпэрыт IэнатIэр умейуэ аращ - си адэшхуэм ар хьэкъыу спхигъэкIащ», - жеIэ Марьянэ.

Дыгъужь Мыхьмуд къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирикъунут

Адыгейр зэрыцIэрыIуэр и щIыуэпс дахэмрэ кхъуей телъыджэхэмрэ я закъуэкъым. А псом йофIэкIыж абы и щхьэр лъагэу щIиIэтын и цIыхухэмкIэ бгъэдэлъ беягъыр.

Адыгэбзэм и махуэр ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балкъэрым и районхэм хыхьэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ Адыгэбзэм и махуэр щагъэлъэпIащ. Псалъэм папщIэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ, а махуэр гукъинэжу щекIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ курыт еджапIэмрэ.

ПащIэ Ленэ и мурад дахэхэр

Нобэ ди псэлъэгъущ  уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ПащIэ Ленэ. Лъэпкъ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ   унэ-музей Нартан къуажэм   къыщызэIузыхари абы илъэс куэдкIэ и унафэщIу щытари Ленэщ.  

Шарль де Голль: Мыпхуэдэ телъыджэ дыдэ иджыщ япэу сыщрихьэлIэр

ЗэлъыIуокIуэтыр цIыхухэр арыххэуи,

 Мэхъур утыкур Iэхуитлъэхуит.

Ислъэмей къафэм щIедзэ пшынауэм, -

ПхулъэкIыу щытмэ уэ уи пIэм ит!

Тхьэгъэзит Зубер.

 

ЭНДИРЕЙ ЩЫЩ СУЛЪТIАН-МУТ

Япэ Iыхьэ  

             ПщIэ    зыхуэфащэ     цIыхушхуэр     лъэпкъитIым    я   быну щыщытым   деж, абы   иращIэкI    щIыхьри    тIукIэ   мэбагъуэ.   Апхуэдэ   щапхъэхэм   язщ    нобэ    зи    гугъу    фхуэтщIыну   ди   мурад   дагъыстэн    пщышхуэ, къумыкъу   шэмхъал   Чопан   и   къуэ, Эндирей   щыщ   СулътIан-Мэхьмуд.  

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ