Щэнхабзэ

И щIэщыгъуагъэр зэи икIакъым

Мэрзей Iэсият культпросвет училищэм щIэтIысхьэн и пэ, Нарткъалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджырей къафэхэм щыхуагъасэ гупжьейм кIуэуэ щытащ. Иджырей къэфэкIэхэмрэ лъэпкъым еймрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут, и гуи къэкIыххэтэкъым зэгуэр и фIэщу а лъэпкъ къафэхэм дахьэхыну.
 

Ди гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд

         Кином и тхыдэм зыщыбгъэгъуазэмэ, ар къыщыунэхуауэ къалъытэр 1895 гъэм дыгъэгъазэм и 28-рщ. А махуэм Париж къалэм и Капуцинок бульварым тет кафем Люмьер зэкъуэшхэм трахауэ дуней псом щыяпэ дыдэу щагъэлъэгъуауэ щытащ «Прибытие поезда на вокзал Ла Сьота» фильм кIэщIыр.

Эйфель и чэщанэ

Ар зыухуам и цIэр зэрехьэ, Париж и зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэщ. Дуней псом щыщ цIыху мелуанихым щIигъу илъэс къэс къэокIуэ абы.

Дахагъэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ зэIэпэгъуу

Куэдым къащохъу зи дахагъэр нэIурыт зымыщI муслъымэн пщащэхэм загъэщIэрэщIэн я жагъуэу. Пэжкъым, занщIэу вжыдоIэ! Хуиту зэбгъэплъ хъунумрэ абы хуимытымрэ зэхагъэкIыу аркъудейщ ислъамым пэгъунэгъу хъыджэбзхэм. Зи гугъу тщIыхэм ягу илъ дыдэр къэфщIэну фыхуеймэ, Аден Хьэлимэ фыкIэлъыплъ.

«Си анэм имыщIэу экзамен стат»

Гъатхэр псэм и щIэрэщIэгъуэщ. ЩIымахуэ кIыхьым и ужькIэ, гурыщIэхэр, гугъэхэр къыщыушыж лъэхъэнэ хуэдэщ ар. Апхуэдэуи гукъыдэжым и «тетхэм» ящыщщ уэрэдхэр. А тIур зэппх хъуну къыщIэкIынщ. Зи макъыр гуакIуэ, зи утыку итыкIэм щэн дахэ хэлъ ди уэрэджыIакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ бзылъхугъэ щыпкъэ Даур Иринэ. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я мызакъуэу, ар хамэ къэралхэми къыщацIыхуащ, фIыуэ щалъагъу.

ЩIэблэм гъуэгу езыт

Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан (Мысостей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Зыхьэ Оксанэ хъыбар къызэритамкIэ, цIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэу, зыузэщIыпIэу щыт унэм зэзыгъэпэщыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэжьыгъэхэр мы махуэхэм щызэфIэкIащ.

Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр

Гъатхэпэм и 8-р Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэу ягъэуващ. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм а махуэшхуэр ягъэлъапIэ, абы и хабзэхэм емыпцIыжу. Ауэ лъэпкъ псоми ар ягъэлъапIэркъым. 
НэгъуэщI къэралхэм къикIауэ Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ куэдым илъэс зы-тIущ дэкIа нэужьщ щаублэр гъатхэпэм и 8-м бзылъхугъэхэм удз гъэгъахэмкIэ яхуэупсэн хабзэр.

Кавказыр щэнхабзэм хуэхейкъым

Сокуров Александр Налшык щригъэджа и гъэсэнхэм тепсэлъыхьрэ пэт, зэрымыщIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ псоми я жагъуэ ищIауэ къыщIэкIащ. Иджы осетинхэри, шэшэнхэри, адыгэхэри топсэлъыхь режиссёр цIэрыIуэр нэхъ зэгъэзэхуауэ псэлъэн зэрыхуеям. 

Лъагъуныгъэ, гуапагъэ, зэгурыIуэ

Мыхьэнэ пыухыкIа зимыIэ, къалэн ин цIыхухэм я пщэ щыдэ­-мылъ зы IэнатIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ зыми хуэмыдэжщ еджапIэ-гъэсапIэхэр. 

Iэпэм къыпыкI дахагъэ

Зэпыу имыIэу зызыхъуэж гъащIэм щIэуэ къыщежьэм кIэух иIэкъым. Нобэ къагупсысар пщэдей яфIэгъэ­щIэгъуэныжкъым, ауэ адыгэ цIыхубзым и теплъэмрэ абы и Iэпэ къызыпекIуэкIым хилъ­хьэ дахагъэмрэ сыт щыгъуи узыгъэпIейтейщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ