Щэнхабзэ

Зэхыхьэ гуапэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу Налшык дэт ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.

Джылахъстэней джэгу

Сабий творчествэмкIэ IуэхущIапIэу Тэрч къалэ дэтым и жэрдэмкIэ иджыблагъэ «Джылахъстэней джэгу» фIэщыгъэм щIэт зэпеуэ гъэщIэгъуэн а щIыналъэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ курыт еджапIэ I6-м щеджэ ныбжьыщIэхэр.

Гъунэ изылъа гупыр

Балет труппэр къыщежьар ди хэкуэгъу, Май къалэм къыщалъхуа Проценкэ Александр Москва къикIыжу Налшык къыщыкIуарщ. Абырэ Арсаевэ Фаинэрэщ ди республикэм и къуажэхэр, къалэхэр къызыхэзыкIухьыу къэфэным дихьэх ныбжьыщIэхэр къыхэзышар, ахэр щеджэ культпросфетучилищэм и хореографие къудамэм и гупышхуэр зыгъэсар. Проценкэ и япэ еджакIуэхэм щыщщ Хьэкъул Розэ, Архэст Хьэсэнбий, Къардэн Борис, Энеев ТIэхьир, Кузнецов Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэри.

ЩIэупщIэшхуэ зиIэ музейхэр

Дуней псом щIэупщIэ нэхъ ин щызиIэу къалъытэ художественнэ музейхэм ящыщщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Великобританием, Франджым, Урысейм, Австралием, Испанием щыIэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я музейхэм илъэсым цIыху мелуан 12-м нэблагъэм зыщаплъыхь. Урысейм и апхуэдэ бжыгъэр мелуани 10-м нызэрохьэс.

Софият адыгэбзэр Амман щрегъэдж

«Россия-1» урысейпсо телерадиоком­панием и щIыналъэ къудамэм и журналист Вэрокъуэ Софият Амман, пащтыхьыкъуэ  Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ Адыгэ школым, ирагъэблэгъауэ адыгэбзэр щрегъэдж.

Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр

Ди республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 81-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр.
ХьэзрэIил адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэт. 

Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я IэрыкIхэр

Кисловодск къалэм и Нарзан галереем щагъэлъагъуэ адыгэ, абазэ сурэтыщIхэм IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ «Природа в зеркале культуры» проектым хыхьэу.

Щэнхабзэм и утыкушхуэр илъэс 55-рэ ирокъу

Налшык дэт Музыкэ театрыр I968 гъэм щIышылэм и 27-м Коган Лев и «Iэминат» балетымкIэ (либреттэр Проценкэ Александр ейт) къызэIуахащ. Ауэ абы ипэ къихуэу КъБАССР-м и цIыхубэ артист, Таджикистан ССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Проценкэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэр культпросфетучилищэм и хореографие къудамэм щеджэхэр хэту къызэригъэпэща балет труппэм игъэуват лэжьыгъэ зыбжанэ.

И къалэн игъэзэщIащ

Урысеймрэ Тыркумрэ я кинокомпаниехэр зэрызэдэлажьэрэ «Домашний» урысей каналым серие куэд хъу фильм хъарзынэхэр егъэлъагъуэ. Абыхэм ящыщ зыщ мы зэманым екIуэкI «ЦIыху псынщIэ» фильмыр.
ГъащIэм, псэуныгъэм, гурыгъу-гурыщIэхэм теухуа теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэду ар зэрызэхэтым къулей щIохъукI, сыт хуэдиз серие уемыплъами, къыкIэлъыкIуэнур къыпхуэмыгъэсу упэплъэу. Фильм щыхъукIэ, ар къызытращIыкIа хъыбарым и закъуэкъым къэплъыхъуэр. Апхуэдэхэр дэри ди гъунэжщ, къамыгупсысарэ къамыгъэлъэгъуарэ къэгъуэтыгъуейуэ. АтIэ сыткIэ мыбы дызэрихьэхур?

Нэхугъэрэ дахагъэрэ зи IэрыкI

КъБР-м и цIыхубэ художник, ТворчествэхэмкIэ дунейпсо академием хэт, «Золотая палитра» дунейпсо выставкэм и лауреат Аккизовэ Сиярэ и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ