Щэнхабзэ

И щхьэм къиIукI макъамэхэр телъыджэт

Моцарт Вольфганг Амадей макъамэм цIыхухэм хуаIэ еплъыкIэр дуней псом щызыхъуэжа композиторщ. Абы и гъащIэмрэ и макъамэхэмрэ ятеухуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр щыIэщ.  

Макъамэ гъуазджэм и вагъуэр щоблэ

Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ и щIэблэм ящыщщ КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдокъуэ Мурат. Композитор, пианист щIалэщIэм зэфIэкIышхуэ зэриIэм и щыхьэтщ абы и IэдакъэщIэкIхэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыхэжаныкIыр, щэнхабзэм и цIыху цIэрыIуэхэм зэрадэлажьэр.

ЩIыналъэм и тхыдэр зыхъумэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэщ тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр, тхылъхэр, хъыбар зиIэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщI куэди щызэхуэхьэса Тхыдэ-лъахэхутэ музей. Музейр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Джатэ Руслъан и жэрдэмкIэ 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м къызэIуахащ. Тхыдэ къулей зиIэ, цIыху щэджащэхэр зи куэд Дзэлыкъуэ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр музей уимыIэу зэрыпхуэмыхъумэнур къилъытащ абы. Музейр къызэгъэпэщыным республикэ мылъкуи текIуэдакъым, езы щIыналъэм иIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпыжри зэфIигъэуващ. Музейр Дзэлыкъуэкъуажэ дэтщ.

Яшэча хьэзабым и мыхъур зытелъхэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм гъатхэпэм и 27-м къыщызэIуахащ балъкъэр лъэп­къым и махуэщIым траухуа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы утыку къыщрахьащ усакIуэ, тхакIуэ икIи су­рэтыщI Сарбашев Азноррэ Къалмыкъ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дорджинов Викторрэ я лэжьыгъэхэр.

Париж и Гранд операр

Гранд опера е Гарнье опера хъужыр – франджым и театр нэхъыщхьэрщ икIи ар дуней псом и оперэ сценэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ.
А уардэунэрщ Прокофьевымрэ Стравинскэмрэ я лэжьыгъэ телъыджэхэр париждэсхэм япэу щызэхахар. Езы Пикассо декорацэхэр зыхуищIа, фэилъхьэгъуэхэм я художникыу Шанель щылэжьа театырр дуней псом и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщу къалъытэр. 
Щэнхабзэм и лъагапIэм нэсахэрщ абы ирагъэблагъэр. А театрым, псалъэм папщIэ, Iэгуауэшхуэ щыхуаIэтащ Шаляпин Фёдор, Вишневская Галинэ, Нуреев Рудольф, Нижинский Вацлав сымэ. 

IэщIагъэм къыдэкIуэ насып

Спортсмен цIэрыIуэ, ушумкIэ дунейпсо мастер, каскадёр, Новосёлов Игорь зи унафэщI агенствэм трюкхэр щызыгъэув, УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт ТхьэйцIыху Анзор фэзгъэцIыхуну сыхуейщ.

«Вагъуэ цIыкIухэр» аргуэру пашэ мэхъу

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ) Гран-при саугъэтыр къыщихьащ цIыхубэ къафэхэмкIэ Сочэ къалэм щекIуэкIа «Код нации» япэ международнэ зэпеуэмрэ Железноводск къалэм «Радость планеты» щэнхабзэ-егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьэу щызэхэта «Кубок России» международнэ чемпионатымрэ.

Сабий фэилъхьэгъуэхэм яхуэгъэпсат

Налшык дэт НыбжьыщIэ театрым  иджыблагъэ  щекIуэкIащ «RT-fashion day»  модэм и зэхыхьэ дахэ. «ЛъыщIэж Рузаннэ творчествэмкIэ и студие» къалэн куэд  щагъэзащIэ IуэхущIапIэм  илъэс къэс  мыпхуэдэ фестиваль Кавказ Ищхъэрэм  къыщызэрегъэпэщ.

         Сабий псори  пасэу балигъ хъуным щIохъуэпс,  а махуэм утыкум къраша  цIыкIухэр  модэм илъэс куэд щIауэ хэт фIэкIа умыщIэну зыкъагъэлъагъуэрт,  ахэр   зыхэт Iуэхур зэрафIэфI  дыдэр IупщIу.

Къамэ 30-м я тепщэ

«…УвыпIэ къудей имыIэжу цIыхур зыщIэз залышхуэм и утыкур уи нэр щыджылу нэхущ. Псори абы йоплъ щыму. УзыIэпишэу макъамэ гуакIуэ къоIури, пащIэ фIыцIэ екIу зытет щIалэ къамылыфэ адыгэ фащэкIэ хуэпар утыкум къолъадэ. Абы и IэмыщIэ зэщIэлыдэжу къамэ 30 илъщ. Нэр темыпыIэу зипхъуатэу щIалэм зыздигъазэм, укъигъащтэу Iэуэлъауэ гуэр къоIу. Уеплъыхмэ – къамэ къомым зэфIэскъыскъэжу пхъэбгъу лъэгум зыщыхасащ. 

ЦIыхухэм ящIэр тфIэгъэщIэгъуэнщ

Илъэс зыбжанэ ипэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым иIащ «Хэт сытым елэжьрэ?» зи фIэщыгъэ рубрикэ. Абы дэ я гугъу щытщIырт творческэ цIыху­хэм, псом хуэмыдэжу тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ящIэ-ялэжьым, абыхэм я къалэмыр къызыхуащтэм, щIэщы­гъуэу зэман гъунэгъум дунейм къы­техьэну дызыпэплъэ хъунухэм. Сэ мурад сщIащ а хабзэ дахэр, зэрыхъукIэ, къэзгъэщIэрэщIэжыну икIи зи Iуэху къэзгъэлъэгъуэну сыхуейр тхэхэм я ­закъуэкъым, атIэ театр лэжьакIуэхэми, сурэтыщIхэми, дыщэкIхэми, нэгъуэщI IэщIагъэ гъэщIэгъуэнхэм ирилажьэ­хэми я деж сынэсыну.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ