ЩIыналъэм хъарзынэу щолажьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щызэIущIащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, «Урысеймэкъумэшбанк» АО-м и унафэщIым и чэнджэщэгъу Филимонов Георгий, Банкым и щIыналъэ къудамэу республикэм щыIэм и тхьэмадэ Сокъур Алим.

ЛъэныкъуитIыр тепсэлъыхьащ «Урысеймэкъумэшбанк»-м щIыналъэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Къыхэдгъэщынщи, банкыр жыджэру ядолажьэ щIыпIэ Правительствэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ, хьэрычэт Iуэху щIэныр дэIыгъынымкIэ республикэм щыIэ къэрал институтхэм. Псалъэм къыдэкIуэу, «КъБР-м и ШэсыпIэ фонд» НКО-р шэсыпIэ яхуэхъуу республикэм хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ и IэнатIэм пэрытхэм сом мелуан 88-рэ щIыхуэу яритащ илъэс блэкIам, абы щыщу сом мелуан 37-мкIэ фондыр шэсыпIэ ихьащ.
Къэрал дэIэпыкъуныгъэ хэлъу лажьэ «Къуажэ ипотекэ» кредит программэм ипкъ иткIэ республикэм и цIыхухэм ахъшэ щIыхуэу сом мелард 1,5-рэ яритащ, абы и фIыгъэкIи унагъуэ 625-м жылэхэм унэ зэхуэмыдэхэр къыщащэхуащ. 2023 гъэм и закъуэ къриубыдэу сом мелуан 325-рэ банкым итащ, абыкIи унэу 101-рэ къуажэхэм къыщащэхуащ. 
Мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным, ерыскъыпхъэхэр къыщIагъэкIыу зэтеублэным хузэхалъхьауэ щыIэ къэрал программэм ипкъ иткIэ 2023 гъэм банкым кредит ахъшэу сом мелуан 654-рэ итащ, абы щыщу сом мелуани 150-р инвестицэ Iуэхугъуэхэм хуэунэтIауэ. 
«Урысеймэкъумэшбанкыр» адэкIи жыджэру дэлэжьэнущ республикэм хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ пэрыт и IэнатIэхэм, псалъэм папщIэ, гъавапхъэхэр зезыгъакIуэхэм, пхъэщхьэмыщхьэм, хадэхэкIым телажьэхэм.
 

 

БЭДОКЪУЭ Борий.
Поделиться: