Гъуэгур зыхуей хуагъазэ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIагъэкI Iуэхугъуэхэм хыхьэу мыгувэу зэрагъэпэщыжынущ Тэрч къалэм къыпекIуэкI гъуэгур.

КилометритI зи кIыхьагъ а гъуэгум зэпещIэ республикэм и Тэрч, Май щIыналъэхэр, апхуэдэуи ар хохьэ Урысей Федерацэм и гъуэгу нэхъыщхьэхэм. Ар гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэпса пэхуэщIэм щIыхагъэхьар абы республикэми къэралми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэрщ.
Гъуэгум щхьэхуэу хэлъ Iуэхугъуэхэм ящыщщ хъурейуэ укъежэкI хъууэ зэхэкIыпIитI абы зэриIэмрэ гъущI гъуэгум щхьэпрыкI лъэмыжи зэрыхиубыдэмрэ. Автотранспорт куэд абы зэрыщызэблэкIым, псом хуэмыдэу хьэлъэзешэхэм гъуэгур зэхакъутэ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ кумблъэмбхэр ядыжкIи хуищIэшхуэ щымыIэу. 
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ асфальтобетоныщIэ абы тралъхьэну, зэхэкIыпIэ-зэхыхьэпIэхэр къыхагъэщхьэхукIыну, псыжапIэхэр хуащIыну, кIэнауэхэр далъхьэну, къэухьхэр, дамыгъэхэр ягъэувыну, гъущI гъуэгум щхьэщыкI Iыхьэри зэрагъэпэщыжыну.
Лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ дунейм и щытыкIэм Iэмал къазэрыриту.  

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться: