Щыхь къуэлэнхэм заужьыж

Ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэтххэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм  яфIэтелъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщIар и щIыуэпс дахэращ.  Пэжу, тхыдэ щхьэхуэ зиIэ щIыпIэхэмкIэ, къэкIыгъэ, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ ди хэкур. Арами, ди щIэныгъэлIхэм яIэщ щIыуэпсым ехьэлIа гукъеуэ гуэрхэр. Абыхэм ящыщщ щыхь къуэлэн лъы къабзэ зэрамыгъуэтыжыр. 

20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу зи гугъу тщIы псэущхьэр Кавказ Ищхъэрэм щамыгъуэтыжыххэу бзэхащ. А ныкъусаныгъэр зыгуэрурэ ягъэзэкIуэжын я гугъэу, щыхь къуэлэныр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм кърашурэ, Кавказ Ищхъэрэм кърагъэтIысхьэу щIадзат биологхэм. Къыхэгъэщыпхъэщи, Кавказым кърашэлIа щыхьхэм яхэттэкъым  щыхь къуэлэн къабзэ жыхуаIэжу, щIэныгъэлIхэр зылъыхъуэр. АтIэ, абы илъ зыхэт щыхь лIэужьыгъуэ щхьэхуэт ахэр. ЗэрыгурыIуэгъущи, апхуэдэ щыхьхэм щакIуэхэм деж щIэупщIэ щаIэхакъым, фейдэ лъэпкъи къапыкIакъым. Мы Iуэхум нэгъуэщI ныкъусаныгъи къыкIэлъыкIуащ – щыхь тумэхэр багъуэри, щыхь къуэлэн къабзэм хухаха хъумапIэхэр яубыдат. 
Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щыпсэуа щыхь къуэлэным и генетикэр (ДНК)  яджауэ, а мардэхэм къезэгъ щыхь лIэужьыгъуэщ къалъыхъуэр щIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым. Апхуэдэу, хэплъэ-хэдэкIэ щыхь лIэужьыгъуэ зыбжанэ къыщыхутащ ди щIыналъэм. Псалъэм папщIэ, Аскание-Новэ (Украинэм) къраша щыхь лIэужьыгъуэр «Нальчикское ГООХ» ФГБУ-м и Iэхэлъахэм щыпсэуащ. Ахэр ди щIыпIэм есами, емысэу щыкIуэдыжами зыми ищIэркъым. Ягъэхъыбаракъым. Ауэ, мы IуэхущIапIэм мызэ-мытIэу щыхь гуп кърашалIэурэ мэзхэм зэрыщIаутIыпщхьар щыхьэт тохъуэ, япэрейхэм ди щIыуэпсыр зэремызэгъам. 
Дигу къэдгъэкIыжынщи, 1957 гъэм Кърымым кърашауэ щытащ щыхь 44-рэ. Ахэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, тумэт. Ауэ, зэрыжаIамкIэ, щыхь къуэлэным илъи яхэтт. ИужьыIуэкIи, 1968, 1975, 1978, 1985 гъэхэм щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм кърашащ щыхь къуэлэныр. Абыхэм я псэукIэм щыкIэлъыплъын мурадкIэ щIыпIэ яхъумэхэм щрагъэпсыхат, ауэ языныкъуэр къелакъым, языныкъуэр, щыхъуакIуэ щIы пычахуэр къемэщIэкIри, щIэпхъуэжащ. 
Гу лъытапхъэщ хуиту мэзым щIэт щыхь лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ адэкIэ-мыдэкIэ къраша щыхь тумэхэмрэ я лъыр зэхэлъадэу, нэгъуэщI  лIэужьыгъуэщIэхэри къызэрыунэхуам. 
Мы Iуэхум теухуауэ Налшык и къэрал щакIуэ хозяйствэм щыжаIэм укъегъэуIэбжь. КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдиз илъэскIэ ди щIыналъэр зытелэжьа Iуэхур псыхэкIуадэ хъуащ. Сыту жыпIэмэ, алъандэрэ ди щIыпIэм кърашэлIа щыхь къуэлэныр щIэныгъэлIхэр зыхуей лIэужьыгъуэ яхуэщIакъым, пхуэщIынкIи зы Iэмал иIэкъым. Щхьэусыгъуэр – нэхъапэм Кавказым щыпсэуа щыхь къуэлэн къабзэм и генетикэ мардэхэр ящIэ пэтми, абыхэм къезэгъыу зы лIэужьыгъуи зэрамыгъуэтарщ. Алъандэрэ кърашэлIа щыхьхэм я гугъу пщIымэ, апхуэдэ лIэужьыгъуэхэм уасэ гуэри яIэкъым, биологие и лъэныкъуэкIи мыхьэнэ пылъкъым, щIэныгъэлIхэми зыхуейр къахуэгъуэтакъым. Уеблэмэ щыхь тумэр, куэд къызэрыгъэхъуами, апхуэдизкIэ мыхьэнэншэщи, ахэр псынщIэ-псынщIэу зэрагъэкIуэдыжыным яужь итщ. Арами, щIэныгъэлIхэм я гугъэр хахыжкъым, гупсысэ гуэрхэр щыIэщи, абы елэжьыну загъэхьэзыр. 
ЗэрыжаIэмкIэ, щыхь къуэлэным и закъуэкъым тIэщIэкIыр, атIэ «кавказ щыхь» жыхуэтIэ лIэужьыгъуэри мащIэ хъуащ. Мыгувэ щIыкIэ а Iуэхури гъэзэкIуэжыпхъэщ. Абы папщIэ, Кавказым и къэрал псэущхьэ хъумапIэм кърашри, 2016 гъэм щыхьитху къашауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. МазэкIэ якIэлъыплъри, гектар 75-рэ хъу щIы хэхам ираутIыпщхьащ щыхьхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ахэр псэущ, узыншэщ, мэбагъуэ икIи щIэныгъэлIхэм къалъыхъуэ  лъы къабзэхэм ящыщщ. Щыхьыр илъэсым зэ лъхуэуэ аращи, узэрыхуейм хуэдэу, псынщIэ-псынщIэу я бжыгъэр хэхъуэркъым, ауэ икIи хэщIыркъым. Хуэм-хуэмурэ заужь. 
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: