Санитар транспортхэр къахуокIуэПрохладнэ, Тэрч, Аруан, Лэскэн, Шэджэм, Шэрэдж, Эльбрус муниципальнэ центрхэм я амбулаторэхэм, Налшык дэт къалэ поликлиникэхэм, Балъкъэр Ипщэ къуажэм дэт сымаджэщым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ яритащ санитар лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIыну автотранспортыщIэу 25-рэ. Ахэр къагъэщхьэпэнущ дэIэпыкъуэгъу псынщIэхэмрэ икIэщIыпIэкIэ здэкIуэн хуей Iуэхухэмрэ папщIэ. УФ-м и Президентым и унафэкIэ цIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэмкIэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса программэм ипкъ иткIэ, 2021 гъэм щыщIэдзауэ амбулаторэхэм, поликлиникэхэмрэ абыхэм я къудамэхэмрэ къащэхуащ санитар автомашинэ 60-м нэс. 2021 гъэм ирихьэлIэу иджыри санитар машинэ 15 къащэхуну загъэхьэзыр.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




