ЕджакIуэхэр шынагъуэншэу кърашэкIыну«Антарес» центрым и пщIантIэм егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэу республикэм итхэм автобусыщIэу 11 щратащ. Ахэр яIэрыхьащ Налшык, Прохладнэ, Дзэлыкъуэ, Тэрч, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм я школхэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм ит школхэм автобусхэр иратыныр зи унафэр Президент Путин Владимирщ. Зэман зыбжанэ ипэкIэ къэралым и лIыщхьэр муниципальнэ щIыналъэхэм я унафэщIхэм щахуэзам щыгъуэ, «Школ автобус» программэр адэкIи ягъэлэжьэну унафэ къащтауэ щытащ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьакIэщ школ автобус 231-рэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




