«Гъавэ бэвыр» утыку йохьэ

УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и нэIэ щIэту ирагъэкIуэкI IэрыщI щIыгъэпшэрхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъунхэр зыхэмылъ ерыскъыхэкI, мэкъумэш продукцэ къабзэ, къыщIэзыгъэкIхэм я ещанэ лъэпкъ зэхьэзэхуэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ, жыг хадэ зезыхьэ «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэр.

Зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкI Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ «Роскачество»-мрэ, «Органика» фондым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм жыг хадэ щызезыхьэ, мыIэрысэм щелэжь IуэхущIапIэхэм ящыщу IэрыщI щIыгъэпшэрхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу нэгъуэщI гуэрхэри къамыгъэсэбэпу къагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ сертификат япэу зратар КъБР-м хыхьэ Аушыджэр къуажэм и «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэрщ. 
УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм органическэ продукцэхэр зыгъэхьэзырхэр зыхагъэхьэ зыуэ щыт и реестрми ар щатхащ. «Роскачество»-м къызэритамкIи, абы и продукцэм «Органик» дамыгъэ хэхар тридзэ хъунущ, ар зэрыкъабзэр къригъэлъагъуэу. 
«Органикэ продукцэм и лъэпкъ дамыгъэ» зэхьэзэхуэм мы гъэм къыщыгъэлъэгъуащ къэралым и щIыналъэ 19-м я IуэхущIапIэу 23-рэ икIи абыхэм яIэжщ къыщIагъэкI продукцэхэм яхуэфащэ сертификатхэр. 
«Мы гъэм зэхьэзэхуэм хэтыну лъэIу тхылъхэр къыщеIытх пIалъэр дгъэмэщIащ, абы щытекIуахэр Космонавтикэм и махуэр щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 12-м иредгъэхьэлIэу дгъэпажэн папщIэ. Ауэ абы щхьэкIэ нэхъ мащIэ хъуакъым зэпеуэм къыхыхьахэм я бжыгъэр. 
Нэгъабэ органикэ продукцэхэм папщIэ интернет IэIэтым хэтащ цIыху мин 70-м щIигъу, ар хуэди 4,5-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ. Ди гугъэщ, мы гъэми екIуэкIыну интернет IэIэтым хэтынухэм я бжыгъэм кIэрымыхуну икIи фIыуэ ялъэгъуа, ягу дыхьа лъэпкъ дамыгъэхэр зытет продукцэхэр къагъэлъэгъуэну», - щыжаIащ «Роскачество»-м. 
 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: