Илъэс 80 ирокъу балъкъэрхэм политикэ щхьэусыгъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м ахэр я щIыналъэм залымыгъэкIэ ирахуауэ щытащ. СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссариатым а лъэпкъым ящыщ цIыху 37713-рэ ирашат ди республикэм. Ахэр Ку-рыт Азиемрэ Къэзахъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат.
Iуэхур абыи къыщынатэкъым. Къэрал унафэ хэхакIэ абыхэм я къэралыгъуэр щымыIэжу къалъытауэ щытащ. Лейр зэи гъуркъым - зэман докIри, щIэпхъаджагъэхэр зи IэрыкIхэм хуэфэщэн къалъос, захуагъэри тепщэ мэхъуж. Балъкъэрхэм я дежи щыкъутакъым а гъащIэ хабзэр.
А илъэсхэр хамэщIым зэрыщагъэкIуам и хъыбар гуузхэр къытхуиIуэтэжауэ щытащ балъкъэр тхакIуэ, усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Кучинаев Ануар: «Ди лъэпкъыр щалъхуа щIыпIэм ирахуауэ щыщыта илъэсхэр сигу къыщыдридзеижкIэ, ноби си нэпсхэр къысфIокIуэ… Ар дауэ?.. Лъэпкъ псо залымыгъэкIэ щIыпIэм ипшыну, лажьэ ямыIэу. Зи цIыхухэм я процент 15-р фронтым Iутрэ бийм текIуэным къэмылэнджэжу яужь ит балъкъэр лъэпкъым апхуэдэ лей кIэлъызеп-хьэныр захуагъэтэкъым. Дэ абы щыгъуэ, дауи, дыщыгъуазэтэкъым Сталинымрэ Бериерэ ди щIыналъэ дахэм, щIыуэпс къулейкIэ цIэрыIуэм гугъэ гъэтIылъахэр зэрыхуаIэм: абыхэм я мурадащ балъкъэрхэр, къэрэшейхэр, шэшэнхэр, нэгъуэщIхэри ирахуу а щIыпIэр Куржым хагъэхьэну.
Нобэ хуэдэу си нэгум щIэтщ а пщэдджыжьыпэр. Гъатхэпэм и 8-м сыхьэти 4-хэм деж Iэуэлъауэшхуэм дыкъызэщIигъэушауэ щытащ унагъуэм щIэсыр. Сэ абы щыгъуэ илъэс 14 срикъуатэкъым. Дэ нэхърэ нэхъ бий къэралым игъащIэм имыIа хуэдэ, НКВД-м и офицеррэ сэлэту мин 20-м щIигъум къаувыхьат дыщыпсэу жылэхэр, балъкъэритI къэс зы сэлэт е офицер къытхуэзэу. Машинэшхуэхэм драгуашэрт, щысхьырабгъу лъэпкъ ямыIэу къытхуэпхъашэу, дызэрадзэу… Ауэ щыхъукIэ, а зэман дыдэм ди адэхэр, къуэш нэхъыжьхэр зауэ IэнатIэм Iутт, Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэу, лIыгъэшхуэ зэрахьэу, хахуагъэ яхэлъу. Абыхэм ящыщу зыкъом ягъэлъэгъуат «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къратыну, арщхьэкIэ, ди лъэпкъыр «къэралым и епцIыжакIуэу» къыщалъытэм, абы ипэкIэ зратам иратауэ къанэри, адрейхэм я Iуэхур нэгъуэщI зауэ орденхэмрэ медалхэмкIэ зэфIагъэкIауэ щытащ.
Гугъут хамэ щIыналъэм ущыпсэуну. Япэ илъэсхэм лъэпощхьэпо куэд дрихьэлIащ: лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм дгъуэтыртэкъым, жэуаплыныгъэ гуэр, куэд-мащIэми, зыпылъ къалэнхэм жыжьэрэ гъунэгъуу дыбгъэдагъэхьэртэкъым. Сэ фIамыщI къыщыщIах шахтэм сыщылэжьащ. Си къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу зэрызгъэзащIэм, жэуаплыныгъэ схэлъу сызэрылажьэм гу лъатащ. Зэман дэкIри, шахтэм и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару сыхахауэ щытащ. Апхуэдэу къекIуэкIащ си лъэпкъэгъу куэдым я Iуэхур: нэхъ лэжьыгъэ хьэлъэ дыдэхэм пэрагъэувэри иужькIэ, езыхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ къихьауэ, унафэщI къалэнхэри дзыхь къызыхуащIахэр мащIэтэкъым. Ауэ ахэр къыщыхъуар нэхъ иужьыIуэкIэщ…
ПсэупIэкIи гугъу дехьащ: къытхуагъэфэщар баракхэмрэ колхоз хьэмхэм щыIэ ухуэныгъэхэмрэщ. КъызэрыджаIэмкIэ, къэралым и къалэнт ипэ мазэхэм псэупIэкIэ, шхынкIэ дыкъызэригъэпэщыну, арщхьэкIэ пщIэ зимыIэжу къалъыта лъэпкъым хэти елIэлIэнт? КарточкэхэмкIэ цIыху къэс къытхуэзэу мазэм къыдатырт гуэдзу грамм 300, фошыгъу килограмм зырыз, IэфIыкIэ сыт жыхуэпIэхэр тлъагъуххэртэкъым.
Къэрал мылъкум щыщу Къэзахъстанымрэ Къыргъызымрэ Iыхьэшхуэ яутIыпщIырт. Вагонхэм ярызу а щIыпIэм нашэрт ди псэуалъэхэр щытщIкIэ къэдгъэсэбэпыпхъэ ухуэныгъэ материалхэр: пхъэхэр, абджхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщу уеблэмэ зы гъущI Iунэ дэ къытIэрыхьэртэкъым, ауэ ихъуреягъкIэ, уэлбанэ нэужьым Iэгъэбэгухэр щIы щхьэфэм къызэрытехутэм хуэдэу, къыщыунэхурт щIыпIэ унафэщIхэм я уней псэуалъэ дэгъуэхэр, колхозхэм, совхозхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм я зыгъэпсэхупIэ екIухэр.
Шэч зыхэмылъыр зыщ: къэрал унафэщIхэм фIэкIа нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъурэ гугъапIэрэ дэ, балъкъэрхэм, а хамэ щIыпIэм дыщимыIауэ щытамэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуакIэт. Ауэ хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ цIыху къызэрыгуэкIхэм, псэупIэ тхуэхъуа хьэблэхэм, жылэхэм дэсхэм: къэзахъхэм, къыргъызхэм. Ди насыпти, дэ дахэхуащ зетхьэ динкIэ, тIурылъ бзэкIэ, ди хабзэхэмкIэ дызыпэгъунэгъу лъэпкъхэм. Абыхэм щIэх дыдэ къагурыIуащ дэ цIыхушх гуэру хьэмэрэ лъэпкъ хьэрэму дызэрыщымытыр, атIэ дыIэпщIэлъапщIэу, лэжьыгъэм, гугъуехьым дакъыпимыкIуэту, зи псалъэм тебгъуэтэж цIыхуу гъащIэм дызэрыхэтыр».
НэхъыжьыфIым жиIэжу зэрыщытамкIэ, япэ илъэсищым къриубыдэу хамэщIым я псэр щыщанащ абы нэсахэм я зэхуэдитIым нэсым, здашэм нэсын папщIэ зэпача гъуэгуанэ кIыхьым щафIэкIуэда цIыху мини 5-р хэмыту. ЯгъэIэпхъуэным пыщIа гугъуехьхэр псом хуэмыдэу къатехьэлъауэ щытащ жьыкIэфэкIэхэмрэ сабийхэмрэ. ИтIани, сыт хуэдиз гугъуехьрэ хьэзабрэ гъащIэм къапигъэтIылъами, балъкъэрхэм захъумэжыфащ. ХамэщIым абыхэм щагъэкIуэдакъым я хабзэр, я анэдэлъхубзэр, псом нэхърэ нэхъыщхьэжыращи, я напэр. Ахэр хамэщIым зэрыщыIа илъэс 13-м къриубыдэу я бжыгъэр мин 40-м нагъэсыжыфат.
Ди республикэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, балъкъэрхэм я къару псори нобэ ирахьэлIэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъри зиужьыным, абы мамырыгъэрэ захуагъэрэ, зэгурыIуэныгъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ илъыным.