Нэжэгужэу Iэ яIэт

Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм, къэралым и щIыналъэ псоми хуэдэу, гъатхэпэм и 15-м, пщэдджыжьым сыхьэти 8-м хэхыныгъэхэм и япэ махуэр къыщызэIуахащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм хэхыпIэ 355-рэ къыщызэрагъэпэщащ. КIэлъыплъакIуэ 893-м я нэIэ тетщ къэпщытакIуэхэм я хуитыныгъэр къызэпамыудыным, хабзэншагъэ къэмыгъэхъуным. ЖыпIэнурамэ, Урысей Федерацэм и Президентыр хэхыным а хэхыпIэхэр сыткIи хуагъэхьэзыращ.

Налшык къалэм и гимназие №75-м хэхыпIэ №111-р къыщызэрагъэпэщащ. КъэпщытакIуэ комиссэм и унафэщI Багъ Маритэ къызэрыджиIамкIэ, пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щIадзауэ, хэхакIуэхэр жыджэру, нэжэгужэу къокIуалIэр, языныкъуэхэр унагъуэр зэгъусэу, лэжьакIуэ гупхэр зэрыIыгъыу къокIуалIэр.

ХэхакIуэхэм я фIэщ мэхъу я пщэдейр, къэралым и къэкIуэнур хэхыныгъэм зэрелъытар. Аращ жэуаплыныгъэ пылъу Iуэхум щIыбгъэдыхьэр. IэIэтыр хабзэм тету, наIуэу зэрекIуэкIым хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр кIэлъоплъ.

ХэхакIуэ комиссэм хэтхэр хэхакIуэхэр къэмыс щIыкIэ кIэлъоплъ тхылъымпIэхэр, тIысыпIэхэр гъэхьэзырыным. Хуей хъумэ, хэхакIуэхэм я упщIэхэми жэуап ират. УФ-м и Президентым и кандидатхэр зэрыт, Iэ зэраIэтыну тхылъымпIэхэр хэхакIуэхэм иратри, щэхуу Iэ яIэта нэужь, ашыкым ирадзэ.     КъыжыIапхъэщ, ашыкхэм из зэрыхъуу, сейфым пакетхэр къыдахыурэ зэрызэхуахьэсыр икIи ахэр мыхъуркIэ зэрызэтрагъэпщIэжыр. ХэхыпIэхэр сыхьэт 20-м зэхуащIыжащ. Мы махуитIым хэхыныгъэхэм пащэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: