КIэлъыплъакIуэхэм хэхакIуэхэм я нэIэ тетщГъатхэпэм и 15-м щыщIэдзауэ 17 пщIондэ, Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я уардэунэм щолажьэ хэхыпIэ №120-р. Абы екIуэлIащ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым зэпымыууэ щыпсэухэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, тхыдэ къэхъугъэу къалъытэ хэхыныгъэхэм унагъуэ, лэжьакIуэ гупхэр зэгъусэу хэтщ. Я хуитыныгъэр къагъэсэбэпу, хэхыпIэм екIуалIэхэм дызыхуэкIуэ илъэсихым я гъащIэр зыхуэдэнур зэрелъытар зыхащIэу, IэIэтым жыджэру, зэкъуэту хэтщ. - Зи граждан къалэн зыгъэзэщIэну, зи еплъыкIэ къэзыгъэлъэгъуэну зи мурад апхуэдиз цIыху хэхыпIэм къекIуэлIэну дыщыгугъакъым, - жеIэ хэхыпIэ №120-м и къэпщытакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэ Джэдгъагъэ Мадинэ. - ЗэрытщIэщи, илъэс 18 ныбжьым итым щыщIэдзауэ хэхыныгъэм хэтыну хуитыныгъэ яIэщ. НэхъыжьыфIхэри щIалэгъуалэри хэхыпIэм жыджэру къызэрекIуэлIар гуапэщ! Къэралым и дэтхэнэ зы цIыхури IэIэтым жыджэру хэтын хуейщ, къэралым, щIыналъэм, цIыхубэм я къэкIуэнур абы елъытащи. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэр IэIэтым къекIуэлIахэм я нэIэ тетщ, дэIэпыкъуныгъэ хуей щыхъукIэ зыщIагъакъуэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ зи узыншагъэ къимыхьхэмрэ, хэхыпIэр зыпэжыжьэхэри хыхьэу, къэпщытакIуэ гупхэм хэтхэр кIуэурэ Iэ зэрырагъэIэтыр. Апхуэдэу, республикэ судым и лэжьакIуэхэр кIэлъоплъ хэхыпIэхэм хабзэншагъэ къыщымыхъуным, хэхакIуэхэм я хуитыныгъэхэр къызэпымыудыным. Мы махуитIми сыхьэти 8-м щыщIэдзауэ сыхьэт 20 пщIондэ хэхыпIэхэр лэжьэнущ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|