ХьэщIэхэри бысымхэри зэгъусэу

Ди республикэм Iэ зыIэтыну къызытехуэу исыр цIыху мин 543-рэ щхьэкIэ, бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ ящIащ зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуауэ ди лъахэм щыIэхэм. «Курорт «Налшык» АО-м и хьэщIэщ-зыгъэпсэхупIэм къыщызэIуаха 103-нэ хэхыпIэм щызэхуэсар бэт. КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат я пашэу республикэм щыхьэщIэ, Урысей Федерацэм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ жыджэру хэтащ хэхыныгъэхэм. «Ди къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум япэ махуэм щегъэжьауэ гулъытэ ин хуащIащ ди цIыхухэм.

Статистикэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, а махуэм процент 50-м щIигъум Iэ яIэтащ. Абы къегъэлъагъуэ цIыхубэр гъащIэм зэрыхуэIущыр, къэралым и пащхьэ щахь жэуаплыныгъэр фIыуэ зэрызыхащIыкIыр, я псэукIэм зиужьыну гугъэфIхэр зэраIэр. Нобэ ди хэхыпIэм цIыхур щызэтрихьащ, чэзум пэплъэхэр куэд мэхъу. Сыт апхуэдэу жыджэру цIыхухэр Iуэхум щIыхэтыр? Абыхэм фIыуэ къагуроIуэ ди къэралыр нобэ щытыкIэ гугъу зэритыр, иджыпсту абы щIэгъэкъуэн хуэмыхъумэ, пщэдей дызыхэхуэнкIэ хъуну мыхъумыщIагъэр бгъэзэкIуэжыну гугъу зэрыхъунур. Ауэ сэ си фIэщ мэхъу хэхыныгъэхэм яужь ди къэралыр зыужьыныгъэ зэпIэзэрыт иIэу, лъэ быдэкIэ тету дяпэкIэ зэрыщыIэнур. ФIыщIэ яхузощI ди хэхыпIэм къекIуэлIахэм», - жиIащ ЩоджэнцIыкIу Мурат.

Адрей щIыпIэхэми ещхьу, зыгъэпсэхупIэм къыщызэрагъэпэща Iуэхур нэгузыужьт икIи щIэщыгъуэт. Ауэ нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр мыбы къыщыфэхэмрэ щыджэгухэмрэ хьэщIэхэр зэрыхэтырт, абыхэм ди лъэпкъ хабзэхэр зэрызрагъэцIыхурт, ди къэфэкIэхэм зэрызрагъасэрт, ди бзэм гупсэхуу зэрыщIэдэIурт. Къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа урыс бзылъхугъэхэр адыгэ, балъкъэр щIалэхэм къадэфэрт, ар зылъэгъуа урыс цIыхухъухэр къытехьэурэ бгырысхэм я къэфэкIэр ягъэзэщIэну иужь ихьэрт. ЖыпIэнуракъэ, махуэшхуэ пэлъытэу махуищри щагъэкIуащ 103-нэ хэхыпIэми, щэнхабзэр, хабзэр, тхыдэр ягъэлъагъуэу Iэ зэраIэтар екIу хъуащ.

- Сэ сыщIегъуэжакъым си зыгъэпсэхугъуэм мы Iуэхур зэрытехуар. Абы и фIыгъэкIэ фи деж щыпсэухэм яхэлъ цIыхугъэр нэхъыфIу къэсщIауэ жыпIэ хъунущ. Хуабжьу сынасыпыфIэщ фи хэкум и дахагъыр зэрыслъэгъуам, фи гуапагъыр зэрызыхэсщIам щхьэкIэ. Иджы етIуанэу сыкъокIуэри, зызмыгъэнщIауэ сокIуэж, - жеIэ Налшык зыщызыгъэпсэху бзылъхугъэм.

Смоленск къикIа Андреевэ Надеждэ жиIащ иджы ебланэу республикэм къызэрыкIуэр. «СфIэфIщ ди къэралым и хэгъэгу дыгъэпсыр. СыкъыщыкIуэныр къысхуэмыгъэсу илъэсыр йокIуэкI. ЩIыуэпсри, щыпсэухэри, ерыскъыри зыпэпщIын щымыIэу гур хэзыгъахъуэщ, псэр зыгъэтыншщ. Хэхыныгъэхэр сежьауэ зэрырихьэлIэнур къыщысщIэм интернеткIэ Iэ сIэтыну мурад сщIат. Ауэ мыбы щекIуэкIа махуэшхуэм сыдихьэхри, 103-нэ хэхыпIэм сыкъэкIуащ. Мыбы Iэмал псори къыщызэгъэпэщащ, нэжэгужэу драгъэблэгъащ икIи гукъинэж зэрыхъунум шэч хэлъкъым. Дэ псори дызэкъуэтын, дызэрыIыгъын хуейщ. Дыкъыщалъхуа къэралым дыхуэфащэу дыпсэуну ди къалэнщ», - жеIэ Надеждэ.

НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: