Лэскэн щIыналъэр нэхъри ягъэдахэ

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу республикэм и Лэскэн щIыналъэм иужьрей илъэсихым зэIузэпэщ щащIащ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 8-рэ цIыху зэхуэсыпIэ зэхуэмыдэу 16-рэ. Абы хохьэ къуажиблым я утыкушхуэу 9, къалэ жыг хадэ цIыкIуу 4, зы лъэс лъагъуэ, цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм къедзылIа щIыпIэу 2.
Зыхуей хуагъэзэжыну, къагъэщIэрэщIэжыну щIыпIэхэр къыщыхахым щыгъуэ жылэхэм дэсхэм я псалъэхэми щIэдэIуащ, гулъытэ нэхъыбэ зратари къуажэкухэм щыIэ ухуэныгъэхэм къедзылIа щIыпIэхэрщ. Лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIахэм хиубыдэу лъэс лъагъуэщIэхэр хашыжащ, иджырей уэздыгъэщIэхэм хуэдэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуащ, тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIий идзыпIэхэр ягъэуващ. Мыхьэнэшхуэ иратащ кIэухыу лэжьыгъэм игъуэтыну теплъэмрэ абыхэм къэкIыгъэ щхъуантIэхэр щыхэсэжынымрэ. Сыту жыпIэмэ, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр ягъэдэхащ, нэхъыбэрэ икIи нэхъыфIу абыхэм зыщагъэпсэхун, щызэхуэсын, я гукъыдэжхэр къыхуаIэтын хуэдэу. 
Псалъэм папщIэ, 2023 гъэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ Аргудан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ администрацэм и хэщIапIэмрэ я хъуреягъым хиубыдэ щIыпIэхэр. Социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ ахэр, къуажэдэсхэм я псэукIэр, гъащIэр егъэфIэкIуэным, абыхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, жылэм и мыхьэнэр къэIэтыным лъэпкъ пэхуэщIэр зэрыхуэунэтIар къэбгъэлъагъуэмэ. 
 

 

ЖЫЛЭХЬЭЖЫ Борий.
Поделиться: