НОБЭ

Гъатхэпэм и 20, бэрэжьей

ЩIым и дунейпсо махуэщ
Насыпым и дунейпсо махуэщ
Астрологием и дунейпсо махуэщ
Социальнэ лэжьыгъэм и дунейпсо махуэщ
Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
1944 гъэм
Докшукинэ спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ.
1992 гъэм «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэмрэ «Дыщэ Вагъуэ» медалымрэ ягъэуващ.
1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы.
1967 гъэм къалъхуащ композитор, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Юрэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 - 5, жэщым градуси 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бзэгум цIыхур зэрегъэукI.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ