Я зэфIэкIым хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщамкIэ, 2024 гъэм и япэ махуэхэм ирихьэлIэу республикэм и промышленнэ индексым нэгъабэ елъытауэ проценти 110,4-кIэ хэхъуащ.
Псалъэм къыдэкIуэу, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ – процент 111,2-кIэ, машинэ зэпкърылъхьэнымкIэ, ерыскъыхэкIхэм елэжьынымкIэ, химие, дэрбзэр промышленностхэмкIэ, ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэгъэкIынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи – проценти 113,7-рэ, электрокъарукIэ, газкIэ, хуабэкIэ IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ къызэзыгъэпэщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм – проценти 100,1-кIэ я зэфIэкIхэм хагъэхъуащ. 
ЦIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ псыкIэ къызэзыгъэпэщ, псы къагъэсэбэпар Iузыш, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэу идзыпIэхэм зыгъэIэпхъуэ, уэрамхэр, пщIантIэхэр гъэкъэбзэн лэжьыгъэхэм пэрытхэм – проценти 113,2-кIэ. 
Машинэ зэпкърылъхьэн IэнатIэм, ерыскъыхэкIхэм елэжьхэм, химие, дэрбзэр промышленностым хэтхэм, ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэзыгъэкIхэм, нэгъуэщI промышленнэ Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэхэм езыхэм къыщIагъэкIауэ псори зэхэту сату щIыпIэхэм ирагъэшам я куэдагъым я уасэр сом меларди 2,431-рэ хъуащ, е нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIам проценти 132,6-кIэ хуэкIуэу. 
 

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: