Аруан щIыналъэр нэхъри ирагъэфIакIуэ

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу лажьэ «Къалэхэм псэукIэ зэIузэпэщ къыщызэгъэпэщын» пэхуэщIэр КъБР-м и Аруан щIыналъэм хъарзынэу щагъэзащIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2018-2023 гъэхэм къриубыдэу, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 64-рэ къагъэщIэрэщIэжащ. Апхуэдэу, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэу 10 зыхуей хуагъэзащ – абы хохьэ къалэ утыкушхуэу 3, цIыху зыгъэпсэхупIэу 3, къалэ жыг хадэ цIыкIуу 2, фэеплъу 1, цIыху куэдым зэуэ зыщагъэпсэху щIыпIэу 1.

Гу лъытапхъэщ, 2023 гъэм Нарткъалэ и «Нарт» паркыр сыткIи зыхуей хуэзэу зэрызэрагъэпэщыжар, абы и фIыгъэкIи, къалэ цIыкIухэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ жылэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм я пэхуэщIэр зэрыщытекIуар. Паркым щелэжьым гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ иджырей архитектурэ гупсысэхэмрэ лъэпкъ теплъэхэмрэ зэхуэдэу бы къыщыхэгъэща зэрыхъуным. Абы щаухуащ концертхэр, зэхуэс зэхуэмыдэхэр щебгъэкIуэкI хъууэ сценэ Iэхуитлъэхуит, уеблэмэ республикэ зэхыхьэхэри щызэхэпшэ хъуну.

Къалэ паркыр зэIузэпэщ щIыным текIуэда мылъкум щыщу сом мелуан 85-р къэрал бюджетым, сом мелуан 30-р - Къэбэрдей-Балъкъэрым ейм къыхэкIащ.

Псори къэбгъэлъагъуэмэ, иужьрей илъэсихым къриубыдэу, Аруан щIыналъэм и жылитхум я щIыпIэ зэхуэмыдэхэр зыхуей хуагъэзащ. Лэжьыгъэхэр нэхъыбэу здыщекIуэкIахэр къуажэкухэрщ, цIыхухэм я псэукIэр нэхъ тынш хуащIын мурадкIэ. Абыхэм ящыщщ лъэс лъагъуэхэр укъуэдииныр, иджырей уэздыгъэхэмкIэ ахэр къызэщIэгъэнэхуэныр, тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIий идзыпIэхэр гъэувыныр, къэкIыгъэ щхъуантIэхэр къегъэтIысэкIыныр, нэгъуэщIхэри.

Дызэрыт илъэсми апхуэдэ лэжьыгъэхэм Аруан щIыналъэм щыпащэнущ. Иджыпсту ахэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэр яубзыху. Абы къыдэкIуэуи, мурад щыIэщ, зэIузэпэщ ящIыну жылэхэр къызэрыхах урысейпсо интернет-IэIэтми хэтыну.

ХЬЭЩОКЪУЭ Руслан.
Поделиться: