ГъэшхэкIым щIэупщIэ иIэщ«Россельхознадзор»-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ управленэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - мазаехэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэшхэкIыу нэгъуэщI щIыналъэхэм яхуригъэшар тонни 170,2-рэ мэхъу. Ар хуэди 4,7-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Дызэрыт илъэсым псори зэхэту гъэшхэкIыу нэгъуэщI щIыналъэхэм хурагъэшам щыщу тонни 2,2-р кхъуей цIынэщ. Ар Куржым ягъэкIуащ. Мыдрейуэ, шатэхэкIрэ кхъуей цIынэ гъэвауэ псори зэхэту тонн 26-рэ Азербайджаным ищэхуащ. ШатэхэкIыу, кхъуейлъалъэм къыхэщIыкIа ерыскъыуэ тонни 142-р Къэзахъстаным ирагъэшащ. 2023 гъэм и иджы хуэдэ зэманым къриубыдэу Къэзахъстаным гъэшхэкIыу хуаутIыпщащ псори зэхэту тонн 36,3-рэ. Ар шатэхэкIрэ кхъуейрэщ. Республикэм гъэшхэкIхэр къыщIегъэкI икIи ехъумэ абыхэм ехьэлIауэ щыIэ ветеринар-санитар мардэхэм ткIийуэ тету. Аращ щIэупщIэ куэду щиIэр. Ерыскъыр зэрагъэхьэзыра щIыкIэмрэ ср зыщэхуахэм яхуегъэшэным зэману текIуэдамрэ интернетым и гуэдзэн «Меркурий» хъыбарегъащIэ системэмкIэ уакIэлъыплъ хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




