Iэщ щхьэ бжыгъэм къыхохъуэКавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер хозяйствэхэм, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту Iэщрэ джэдкъазу яIыгъым я бжыгъэм къыхэхъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым и гъатхэпэм и япэ махуэхэм Iэщышхуэу щыIар мин 276,2-рэ хъуащ, нэгъабэ, къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу ар зэрыхъуар мин 272,2-щ. Iэщышхуэу иджыпсту зэрахуэм щыщу жэм къашыр мини 145,1-рэ мэхъу икIи ар проценти 4-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
12.05.2024 - 13:02 →
Iуащхьэмахуэ даха ныпхэр
12.05.2024 - 12:58 →
Бзэ зимыIэр лъэпкъыншэщ
11.05.2024 - 15:33 →
Дунейм и нэху
|