Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIуощIэДзэ Iуэху хэхам хэтхэм къащхьэщыжынымкIэ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и прокурор Карпов Александр щIыналъэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIащ. СВО-м къалэн щезыхьэкI, пIалъэкIэ я унэ къекIуэлIэжа зауэлIхэм абы зыхуагъэзащ уIэгъэ хъуахэм ират федеральнэ, щIыналъэ мылъкум, я псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным и IуэхукIэ. СВО-м хэтхэр зыгъэпIейтейуэ дзэ IуэхущIапIэхэм зэрызыхуагъэзауэ щытахэр къыщыгъэлъэгъуахэм прокуратурэр щхьэхуэу хэплъэнущ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




