ГъащIэ узыншэм къыхураджэ![]() Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №4-м Стоматологым и дунейпсо махуэм теухуа зэхыхьэ щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм сабийхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щоджэн Юлие, Республикэ стоматологие центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэмыкъуэ Iэсият, Бахъсэн дэт стоматологие поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэщыкъуей Людмилэ, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэр хуэгъэпсат ныбжьыщIэхэр гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным къыхуеджэным. Дохутырхэр тепсэлъыхьащ дзэхэм я щытыкIэм узыншагъэр куэдкIэ елъытауэ зэрыщытым. Абы ипкъ иткIи, дзэр зэрыбгъэкъэбзэным, жьэ кIуэцIым узэрыкIэлъыплъыным, стоматологым и деж щIэх-щIэхыурэ зэрыкIуапхъэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуа чэнджэщхэр еджакIуэхэм иратащ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||





