Хабзэм кIэлъыплъынымрэ шынагъуэншагъэм хуэсакъынымрэ

Республикэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымрэ хабзэмрэ набдзэгубдзаплъэу щакIэлъыплъын зэрыхуейм теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Зэхуэсым щызэхуэзащ республикэм зэпыу имыIэу щылажьэ, Хабзэр зэрагъэзащIэм кIэ­лъыплъынымкIэ зэзыгъэуIу совещанэмрэ ­КъБР-м Экономикэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ. 
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым и инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, кIэлъыплъыныгъэхэр езыгъэкIуэкI, дзэм епха IуэхущIапIэхэм, министерствэхэм, щIыналъэ щхьэхуэхэм я унафэщIхэр. 
 ЩытыкIэм тепсэлъыхьа нэужь, къызэхуэсахэм я гугъу ящIащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр», «Экологие», «ПсэупIэхэмрэ къалэм и щыты­кIэмрэ» къэрал, лъэпкъ проектхэм я зэфIэхы­кIэм кIэлъыплъын зэрыхуейм. КъинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр хэту щIэпхъаджагъэ къэмыгъэ­хъуным зэрыхуэсакъыпхъэми тепсэлъыхьащ. 
ЩIызэхуэса щхьэусыгъуэм теухуауэ утыкум къыщыпсэлъахэщ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, министр Къуэшрокъуэ Залым, УФ-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и министр Крючков Вячеслав, Налшык къалэ адми­нистрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз, ­КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, ухуэныгъэхэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Бэрбэч Алим, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ министрым и къуэдзэ Гриневич Валерий сымэ.

Поделиться: