IэщIагъэрылажьэхэм я зэпеуэ

ИгъащIэми и IэщIагъэм хэзыщIыкI цIыхум пщIэ хуащIу къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ цIыхур къалъыхъуэ, и IэнатIэм теухуауэ иIэ щIэныгъэм гъуэгу ират, и псалъэрэ чэнджэщрэ щIэупщIэ яIэщ. IэщIагъэрылажьэхэр зыпэрыт IэнатIэм хэпщIыкIыу щхьэхуэныгъэ иIэщ – зыпэрыт лэжьыгъэм ехьэлIауэ яIэ есэныгъэхэр къакIэлъыкIуэнухэм бгъэдалъхьэжын, абыхэм яIэну ефIэкIуапIэхэм я лъагъуэр ирагъэлъагъун, я щIэныгъэм хэзыгъэхъуэн Iэмалхэм щагъэгъуэзэн хуейщ. А гуращэм теухуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ къэралым щекIуэкI «IэщIагъэрылажьэхэм я ныбжьыщIэ пашэ» («Молодой профсоюзный лидер») зэхьэзэхуэр.

Зи гугъу тщIы зэпеуэр щIалэгъуалэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ, я ехъулIэныгъэхэр, жэрдэмхэр, пэхуэщIэхэр хэIущIыIу щащI утыкущ. IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирилажьэ ныбжьыщIэхэм Iэмал яIэщ гу зылъата IуэхугъуэфIхэмкIэ я акъылэгъу-IуэхущIэгъухэм ядэгуэшэну, нэгъуэщIхэм къыхалъхьа щIэщыгъуэхэм зыщагъэгъуэзэну, мыужьыхыжу илъэс бжыгъэ куэдкIэ лэжьэну пэхуэщIэхэм я кIуэрабгъухэм зрагъэщIэну.
Зэхьэзэхуэхэм хыхьэну гукъыдэж зыщIахэм къэпщытакIуэхэм я пащхьэ иралъхьэн хуейт видеощыхьэтыгъэ, утыкум къихьэну щIытриухуа щхьэусыгъуэмрэ зыпэрыт IэнатIэр къыщIыхихамрэ кIэщIу икIи гурыIуэгъуэу къыщиIуатэу, лъэбакъуэ зыбжанэу зэхэт тестхэм пхыкIыну и къалэнт, IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зыгъэпсынщIэ, абыхэм къыхалъхьэ пэхуэщIэхэр гъащIэм хэзыпщэ Iуэхугъуэхэр, гупсысэхэр, жэрдэмхэр ягъэлъэгъуэну къапэщылът. Абы къыдэкIуэу, зэпеуэм хыхьахэм УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и кодексымрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэувэлIа лъэныкъуэхэм я зэхущытыкIэхэр зыубзыху хабзэхэмрэ зэрыщыгъуазэр, щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм уакъызэрыхэкIыным ехьэлIа зэныкъуэкъухэм я акъыл жанагъэр къыщагъэлъэгъуэн хуейт.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и хэгъэгу комитетым и унафэщI Дау Марианнэ, Налшык къалэм егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Уэлджыр Татьянэ, КъБР-м сатум, ерыскъыпхъэр зегъэкIуэным, хьэрычэтыщIэм пыщIа и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бекъалды Маритэ, КъБР-м и пощт IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Ференец Наталье, нэгъуэщIхэри. КъэпщытакIуэхэм я пашэу хаха Амщокъуэ ФатIимэт къызэрыхигъэщамкIэ, зэпеуэр къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэну екIуэкIащ, утыку къихьа ныбжьыщIэхэм нэхъыжьхэр зыпэмыплъа пэхуэщIэ щIэщыгъуэхэмкIэ я лэжьэгъухэм къадэгуэшащ.
«Сэ шэч къытесхьэркъым пщэдейрей махуэхэр зей щIалэгъуалэм цIыхум и гъащIэр нэхъ тынш зыщI жэрдэм куэд къызэрыхалъхьэнум. Абы и щыхьэт дахэщ ди зэхьэзэхуэм къыхыхьахэм я гъэлъэгъуэныгъэр. Къэрал хабзэхэм хащIыкIыу, цIыхубэ зэхэтыкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм щыгъуазэу, экономикэм хэлъ щыщIэныгъэхэмрэ фIагъхэмрэ зэралъытыфу, ипэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэр зыхащIэу къытщIэувэ щIэблэм Iуэхур дахэу зэрызэфIагъэувэнур хьэкъ сщыхъуащ. Си гуапэщ зэхэщIыкI лъагэ зиIэ, хъуэпсапIэхэр зи бэ ныбжьыщIэхэр гъуэгу махуэ теувэну, я зэфIэкIым хэхъуэу, щIыналъэм ифI зыхэлъ жэрдэмхэр къыхалъхьэу псэуну», – жиIащ Амщокъуэ ФатIимэт.
Зэхьэзэхуэм цIыхуищ къыщыхэжаныкIащ: Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щеджэ студентхэмрэ аспирантхэмрэ я зэгухьэныгъэм къэрал хабзэхэм щыгъэгъуэзэнымкIэ икIи унэтIынымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ УанащIэ Ислъам япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ, Налшык къалэм дэт, Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ 31-нэ курыт еджапIэм щылажьэ Дэгуей Зулэ етIуанэ увыпIэр лъысащ, Налшык къалэм дэт 32-нэ курыт еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Вэрокъуэ Казбек ещанэ увыпIэр иратащ.
 «Урысейм и IэщIагъэрылажьэхэм я ныбжьыщIэ пашэ» цIэ лъапIэм УанащIэ Ислъам щIэбэнынущ, и зэфIэкIхэр къэралышхуэм и утыкум щигъэлъэгъуэну адэкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзырынущ. Абы къищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэта цIыхуищыр Кавказ Ищхъэрэм и ЩIыналъэ щIалэгъуалэ щIэнIуатэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу кIуэнущ, IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэхэм я лэжьэкIэм теухуауэ яIэ еплъыкIэхэр щагъэIуну Iэмал яIэнущ.
 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: